Статьи на кабардинском языке

ЩIалэгъуалэр парламент лэжьыгъэм пэроувэж

КъБР-м и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ хэхыгъуэм хэтхэм я япэ зэIущIэ екIуэкIащ.

Дахагъэм и гъуджэ

«Кабардинка» къэфакIуэ гупыр къы­зэ­рызэрагъэпэщам теухуауэ дэфтэр пыухы-кIахэр щIэлъкъым КъБР-м и архив Iуэху-щIапIэм. Зэрыхабзэщи, сыт хуэдэ художественнэ гупми гъащIэм лъэбакъуэ щичауэ къыщалъытэр ар цIыхухэм япэу щаIущIарщ. Абы тепщIыхьми, «Кабардинка»-р апхуэдэу хэхауэ утыку къихьауэ щытакъым.

Красножан и гъэсэнхэр Инджылызым макIуэ

Ди лъахэгъу цIэрыIуэ Красножан Юрэ япэ ехъулIэныгъэ ин Урысей Федерацэм и цIыхубз футбол командэ къыхэхам къыщихьащ - абы и гъэсэнхэм хуитыныгъэ ягъуэтащ гъэ къакIуэ Инджылызым щекIуэкIыну Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтыну.

КIуэкIуэ Казбек республикэм ис муслъымэнхэм ехъуэхъуащ Рэмэдан мазэм зэрыщIидзамкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэу муслъымэнхэм ехъуэхъуащ НэщI мазэ лъапIэм зэрыщIидзамкIэ:
«Рэмэдан мазэр - ар IуэхуфI лэжьы­ным, къабзагъэм, гущIэгъумрэ гъэгъуныгъэмрэ  я  зэман лъапIэщ. Ар щытщ гущIэгъу тхэлъын, зэхудэтчыхын, псапэ зыпылъ IуэхуфIу нэхъыбэ длэ­жьын, зызэщIэдгъэкъуэн зэрыхуейр цIы­ху­­хэм иджыри зэ дигу къэзыгъэкIыжу.

Ажек - Ажы-къуэ - Ажэ-­къуэ

Сочэ псым ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщы­хэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зыщ. IыхьитIу зэхэт и фIэ­щыгъэм кърагъэ­кIым ехьэ­лIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Анэкъуэпсы (Анакопсы)

Хы ФIыцIэр зи кIуапIэ Ашэ и жапIэм и кIыхьа­гъ­кIэ дыкъыщеплъмэ, ику­хэм деж къыщыхэлъадэ псы бгъунжхэм ящыщ зым зэреджэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Вагъуэхэм хуэдэу гъуэгум фыщылыд

Къэбэрдей-Балъкъэрым Космонавтикэм и махуэм и  щIыхькIэ ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм сабийхэр ящIыгъуу ирагъэкIуэкIащ «Сияй на дороге, как звезда на небе» зыфIаща Iуэхугъуэ.

Къэралпсо утыкур ягъэбжьыфIэ

Урысей Федерацэм каратэмкIэ и ныбжьыщIэ зэпеуэ Орёл къалэм мэлыжьыхьым и 3-6 махуэхэм щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм абы фIыуэ зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Къэралым и щIыпIэ 56-м икIа зи ныбжьыр илъэс 12-17-м ит каратист миным щIигъу щызэхуэсат Орёл дэт «ГРИНН» спорт комплексым. Абыхэм зэхагъэкIыну къапэщылът Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэр.

Щэм хуэIэзэ Емыжьэ МулиIэт

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу адыгэ тхакIуэ, тележурналист, Адыгейм щэнхаб­зэм­кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емыжьэ МулиIэт.

«Дэ иджыпстущ дыщыпсэур!»

Зэманым декIу! Апхуэдэу хужыс­Iэнт Шыбзыхъуэ (Шишман) Залинэ. Инджылызыбзэм хуеджащ, иролажьэ. IэпэIэсэщ - адыгэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ лэрыпс ещI. Шыбзыхъуэ Залинэ ди лъэпкъым и шы­фэ­лIыфэр зыхъумэхэм ящыщщ. Ди ­гуапэу абы дедгъэкIуэкIа псалъэмакъымкIэ дывдогуашэ.
- Залинэ, бзэмкIэ зэбгъэгъуэта IэщIагъэм утезгъэпсэлъыхьынут…

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке