КъБР-м и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ хэхыгъуэм хэтхэм я япэ зэIущIэ екIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, спикерым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, нэгъуэщI комитет зыбжанэм я унафэщIхэр, апхуэдэу ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмIэ комитетым хэтхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Егоровэ Татьянэ ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ хэхыгъуэм хэхуахэм ехъуэхъуащ икIи абыхэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр зэрырагъэкIуэкIынур и фIэщ зэрыхъур жиIащ.
- Илъэс пщыкIущым щIигъуауэ ЩIалэгъуалэ палатэм лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI икIи ар граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ящыщу республикэм и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я деж нэхъ пщIэшхуэ щызиIэхэм ящыщ хъуащ. БлэкIа хэхыгъуэхэм хэтахэм ирагъэжьа IуэхуфIхэр япэкIэ вгъэкIуэтэну къыфпэщытщ, - къыхигъэщхьэхукIащ къэпсалъэм.
Законхэр къыдэзыгъэкI органым и унафэщIым къигъэлъэгъуащ жэуаплыныгъэ зыпылъ мы IэнатIэр щIалэгъуалэр япэкIэ кIуэтэнымкIэ щIэдзапIэу зэрыщытыр.
- Япэрей хэхыгъуэхэм хэтахэм ящыщ куэд иджы унафэщI IэнатIэхэм пэрытщ, властым и унафэщI органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм щолажьэ, КъБР-м и Парламентым, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм я депутатщ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр къэкIуэну зэманым фиIэнымкIэ шэсыпIэ нэхъыщхьэр фи егугъуныгъэрщ, ерыщагъырщ, жыджэрагъырщ, - къыхигъэщхьэкIащ спикерым.
ЩIалэгъуалэ палатэр къыщызэрагъэпэщым абы и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу яубзыхуауэ щытахэм ящыщщ КъБР-м щIалэгъуалэм я хуитыныгъэхэмрэ законкIэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа хабзэ мардэхэр Парламентым щыпхыгъэкIынымкIэ сэбэп хъуныр.
- Дэ сытым дежи тфIэгъэщIэгъуэнщ щIалэгъуалэм я Iуэху еплъыкIэр. АтIэ иджырей хэхыгъуэм хэтхэм дэ дазэрыщыгугъыр сыт? Псом япэу, ахэр законхэр гъэхьэзырынымкIэ лэжьыгъэм жэрдэм яхэлъу бгъэдыхьэнырщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Парламентыр законхэр къыдэзыгъэкI органщ, апхуэдэу щыщыткIэ, лэжьыгъэм а и унэтIыныгъэр сытым дежи нэхъыщхьэщ. Япэрей хэхыгъуэхэм хэтахэм абы и лъэныкъуэкIэ куэд зэфIагъэкIащ, абыхэм щIэуэ, гъэщIэгъуэну Iуэху куэд къаIэтащ икIи а жэрдэмхэм федеральнэ, республикэ законодательствэм увыпIэ пыухыкIа щаубыдащ. Иджыпсту Парламентым иригъэжьащ «ЩIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» республикэ законым и проектыщIэ гъэхьэзырынымкIэ лэжьыгъэр. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыри IэнатIэ пыухыкIа пэрытщ - хэти йоджэ, хэти и IэщIагъэмкIэ мэлажьэ. Абы къыхэкIыу ЩIалэгъуалэ палатэм хэт дэтхэнэ зыри абы и лъэныкъуэкIэ сэбэп хъуфынущ.
- КъБР-м и Парламнтым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэр хуэIэкIуэлъакIуэ хъуащ социальнэ лэжьыгъэшхуэхэр, щIалэгъуалэ проектхэр гъэзэщIэным. Нобэ палатэм хэтхэм а зэфIэкIыр ягъэбэгъуэну, жылагъуэ IуэхущIэхэр зэтрагъэувэну Iэмал яIэщ, - къигъэлъэгъуащ Егоровэ Татьянэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым зэIущIэм хэтахэр къыхуриджащ гупу зэдэлэжьэным егугъуну, республикэм и щIалэгъуалэр жылагъуэ-политикэ гъащIэм нэхъ жыджэру къыхэшэным гулъытэ хэха хуащIыну.
- ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ хэхыгъуэм хэхуахэм езыхэм я Iуэху еплъыкIэ яIэжщ, ахэр езыхэр къызыбгъэдэкIа жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щекIуэкIхэм фIыуэ щыгъуазэщ. Иджы парламент IэнатIэм щызэхуэса щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зы гуп зэкъуэту зэдэлэжьэну, я къарур зрагъэуIуну къапэщытщ. Шэч хэмылъу, фэ мыбы нэгъэсауэ щыгъуазэ фыщыхъунущ политикэ, унафэщI, жылагъуэ лэжьыгъэм. Дэ дыфщогугъ зэвгъэгъуэтыну щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ щIалэгъуалэ Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ къэвгъэсэбэпыну.
Егоровэ Татьянэ ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм чэнджэщ яритащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэм нэхъ быдэу япыщIауэ щытыну.
ЗэIущIэм хэтахэм ЩIалэгъуалэ палатэм и зэхэлъыкIэр яубзыхуащ икIи абы и унафэщIхэр хахащ.
Къагъэлъэгъуа кандидатурэхэм тепсэлъыхьа нэужь, КъБР-м и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщIу Борисевич Екатеринэ, абы и къуэдзэу Къэгъэзэж Ислъам, Мэсей Ислъам, Толгуровэ Зулейхэ сымэ хахащ. ЗэIущIэм хэтахэр зэгурыIуащ КъБР-м и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм и лIыкIуэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ Парламентым Созаев Кязим ягъэкIуэну. Палатэм и секретару Къардэн Миланэ хахащ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щаубзыхуащ ЩIалэгъуалэ палатэм и зэхэлъыкIэр икIи законхэр къыдэгъэкIынымкIэ, правовой, социальнэ, экономикэ IуэхухэмкIэ комиссэхэр яубзыхуащ, а комиссэхэм я унафэщIхэр хахащ.