|
Статьи на кабардинском языке
24 октября, 2021 - 06:30
Урысейм и Правительствэм Бахъсэн Iуфэм Iус жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэн папщIэ сом мелардитIым щIигъу къиутIыпщынущ. Абы теухуа заяв-кэр махуитI япэкIэ Москва щыпхигъэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
23 октября, 2021 - 06:30
УкъызыхэкIа лъэпкъ, зи куэщI урапIыкIа хэку, зи хьэуа къабзэмкIэ убауэ щIыналъэ, щхьэхуиту ущыпсэу лъахэ! Сыт щыIэн цIыхум дежкIэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ гъунэгъу?! Дэтхэнэри уи лъым, уи лым, уи псэм щыщ Iыхьэщ, лъытэныгъэу плъагъужынури абы хуэпщIэрщ. А псалъэхэм ящIэлъ гупсысэр, абыхэм къарыкI мыхьэнэм я инагъыр хьэкъыпIэкIэ си фIэщ хъуащ иужьрей махуэхэм.
23 октября, 2021 - 06:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ щIыпIэхэм хиубыдэ Терскол къуажэм сабий сад щаухуащ. «Демография» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ ящIа «ХъуэпсапIэ» садыр хабжащ зыми емыщхь ухуэныгъэхэм. Абы теухуа тхыгъэрэ сурэтхэмрэ къытехуащ «Школа-2025» журналым.
Терскол къуажэ цIыкIум къыщызэIуаха сабий садымрэ Европэм и нэхъ бгы лъагэ Iуащхьэмахуэрэ я зэхуакум дэлъыр зэрыхъур метр 2144-рэщ.
22 октября, 2021 - 05:53
Жэпуэгъуэм и 16-17-хэм Налшык къалэ удз гъэгъахэм я фестиваль щекIуэкIащ.
ЗэгурыIуэныгъэм и утыр плъыфэ псомкIи зэщIэгъэгъат, ауэ псом хуэмыдэу ар ягъэдахэрт абы кърихьэлIахэм я нэгум иплъагъуэ нэщхъыфIагъэм.
22 октября, 2021 - 05:52
Дыгулыбгъуей къуажэм пэгъунэгъу уэхым щекIуэкIащ «Джэдыкъуэ плъыжь - 2021» шыгъажэмкIэ зэхьэзэхуэ. Ар хуахахауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум.
21 октября, 2021 - 05:48
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкыр» Таганрог щыIущIащ «Форте» -м. Ар нэхъри хьэлэмэт ищIырт хьэрхуэрэгъухэм зэрахэтым нэхъапэм ди командэм и пашэу щытахэу Пащты Русланрэ Машэжь Ратмиррэ. А тIуми хъарзынэу зыкъагъэлъэгъуащ.
21 октября, 2021 - 05:23
«Iуащхьэмахуэ лъапэ и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм хуэзэ Джилы-Су ди республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм зэращыщым и мызакъуэу мыбы и псы хущхъуэхэм хуэди дунейм къыщыгъуэтыгъуейщ»,- жеIэ Урысейм и географическэ обществэм хэт, тхакIуэ-къэхутакIуэ Котляров Виктор.
21 октября, 2021 - 05:22
Урысей Федерацэм ЭкспертизэмкIэ и къэрал IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми лажьэ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым зыщиубгъуа щIыгум бгы-лыжэ къежэхыпIэу иджыри 8 къызэрыщызэрагъэпэщыным ехьэлIауэ кърахьэжьа Iуэхур арэзы укъэзыщIщ.
Страницы
|