Ажек - Ажы-къуэ - Ажэ-­къуэ

Сочэ псым ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщы­хэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зыщ. IыхьитIу зэхэт и фIэ­щыгъэм кърагъэ­кIым ехьэ­лIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Абыхэм ящыщ зым и ­гугъу тщIынщи, «ажы»-м убыххэм я бзэкIэ къикIыр дэ, адыгэхэм, «уэс» зыху­жы­тIэрщ, «къуэ»-м, дызэ­ры­щыгъуазэщи, ди бзэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: «и бын» егупсысыкIэри, «къуэ­ладжэ» е «тIуащIэ» къызэ­рыкIри. Аращи, щIыпIэцIэм хуэгъэзауэ апхуэдэ бгъэ­дыхьэкIэ зиIэхэр зэрегупсысымкIэ, фIэщыгъэр къызэрыдгурыIуэ хъунур «уэс IэшкIэм къигъэщIа псы цIыкIу», «уэс бын)» е «уэсыр щIэх зыдэмыбзэхыкIыж ­къуэладжэ» жыхуиIэхэрщ.
НэгъуэщI еплъыкIэхэри щыIэщ. КъызыхэкIа и лъэпкъым ижькIэрэ къыдекIуэкIа щIыпIэцIэхэр зэ­хуэхьэсыжыным, джыным илъэс куэдкIэ яужь ита ди лъахэгъу, щIэныгъэлI КIуэ­кIуэ Джэмалдин зи гугъу тщIы псы цIыкIум фIащар зыхуигъэкIуэжар къурш псэущхьэу «ажэ» жыхуэтIэм «я зэхуэсыпIэ къуэбэкъу» мыхьэнэм тригъахуэущ.
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я Хэкужьым и щIыпIэцIэхэм ящыщу зэрамыхъуэкIахэм я зэхэлъыкIэр зыфIэгъэщIэгъуэну, абыхэм я зэхэгъэувэкIэр зыгурыгъэIуэным зэманышхуэ тезыгъэкIуэда лъахэхутэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и тхы­лъым зэритымкIэ, фIэщыгъэр щIыпIэдэлъху убыххэм я деж зэрыщыIуу щытар «ажэ-къуэ» жыIэкIэм хуэ­кIуэущ. ИтIани, «ажэ»-р, абыхэм я бзэм зэрыхэтымкIэ, дэ, адыгэхэм, «щыхь» зыхужытIэ псэущхьэм дызэ­реджэрщ. Ауэ щы­хъукIи, Ворошиловым гу зэрылъитамкIэ, щIыпIэцIэр зыхуэтхь хъунур «щыхьым и къуэ цIыкIу» е «щыхьхэр куэду щызэхэзекIуэ псы­хъуэ» зыгурыгъэIуэкIэхэм языхэзщ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.