Статьи на кабардинском языке

КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ щIыналъэм Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщегъэужьыным теухуа зэIущIэ

КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ хэту бадзэуэгъуэм и 26-м «Хьэмащэ» хъупIэм щригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщегъэу­жьы­ным, гъэ­махуэ хъупIэхэр фейдэ нэхъыбэ къату къэгъэсэ­бэпыным теухуа Iуэхухэм щытеп­сэ­лъыхьа зэIущIэ.

КIуэкIуэ Казбек я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм яIуощIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Республикэм и Унэм бадзэуэгъуэм и 25-м щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.
КъБР-м и цIыхухэм щIыналъэм и УнафэщIым зыкъыщIыхуагъэзахэм ящыщщ я узыншагъэр, псэупIэр егъэ­фIэ­кIуэным, хуэмыщIауэ псэу, бын куэд щапI унагъуэхэу щытыкIэ гугъу къихутахэм ­защIэгъэкъуэным ехьэлIа Iуэхухэр, нэ­гъуэщI зыгъэпIейтейхэр.

Эрдогъан Тайип Истамбыл и мэжджытышхуэм нэмэз щещI

Тыркум и президент Эрдогъан Тайип бадзэ­уэ­гъуэм и 24-м азэн къыщыджащ, КъурIэным щыщ Iэят къыщеджащ, иужь­кIэ жумгьэ нэмэзри щищIащ Истамбыл къы­щызэIуахыжа мэжджы­тышхуэм. Иужьрей илъэс 86-м къриубыдэу апхуэдэ Iуэху а уардэунэм япэу къыщыхъуауэ аращ.

Прохладнэ къыщызэIуахащ спортым зыщыхуагъасэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ центр

Прохладнэ къалэм бадзэуэгъуэм и ­22-м къы­щызэIуахащ цIыхухэм спортым зыщы­хуагъэсэну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну «Олимп» центрыщIэр. Абы ехьэлIа гуфIэ­гъуэ зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, щIына­лъэ­хэм, къалэ ок­ругхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуауэ щыта зэIущIэм.

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ округым щыIэ ­Чайкэ Юрий бадзэуэгъуэм и 23-м иригъэкIуэкIащ ­КИФЩI-м хыхьэ щIы­налъэхэм я социально-экономикэ зыу­жьыныгъэм теухуа Iуэхухэр щызэп­къраха зэIущIэ.

Ягъэувауэ щыта мардэхэм я ещанэ Iыхьэр зэрыIуахыжынум Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщыхуагъэхьэзыр

Видеоконференц мардэм тету КIуэ­кIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирусым зыщыщыхъумэ­ным­рэ а уз зэрыцIалэм зэрызиуб­гъум пэщIэтынымкIэ Оперативнэ штабым и зэIущIэ.

Быф Анатолэ и жэрдэмкIэ

Иджыблагъэ Къэрал Думэм ещанэ еджэгъуэкIэ къыщащтащ «Пестицидхэмрэ агрохимикатхэмрэ ­шынагъуэншэу зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Федераль­нэ законым и 22-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъ­хьэным теухуауэ» федеральнэ закон №681101-7-м и проектымрэ «Мэкъумэш унэтIыныгъэ зиIэ щIыхэм къат хъерым къэрал кIэлъыплъыныгъэ иIэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ.

Куба къуажэм хуокIуэ

«Шынагъуэншэ фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым и къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэхэм щы­щыIэ автомобиль гъуэгухэр мардэм къигъэтIэсэ-нырщ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ­-жьы­гъэшхуэ щызэфIах.

Уи дуней тетыкIэм дропагэ

Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и ­пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.
ДЫХУЕЙЩ а хъыджэбз губзыгъэм, хьэл-щэн дахэ зыхэлъым и махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуу, мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуэдгъэзэну:

Лъэужь дахэ къызэринэкIащ

ЦIыху куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ Аруан къуажэм и Бзылъ­хугъэхэм я зэгухьэныгъэм и гуа­щэ Къардэн Маринэ Му­хьэ­мэд и пхъур игъуэ нэмысу дунейм зэрехыжар. ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, сыт хуэдэ Iуэ­хуми хуэжыджэр, ицIыхухэм яхуэ­гумащIэ, имыцIыхухэми яхуэбзэIэфI Маринэ гъащIэ мащIэу къыщIэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке