«Дэ иджыпстущ дыщыпсэур!»

Зэманым декIу! Апхуэдэу хужыс­Iэнт Шыбзыхъуэ (Шишман) Залинэ. Инджылызыбзэм хуеджащ, иролажьэ. IэпэIэсэщ - адыгэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ лэрыпс ещI. Шыбзыхъуэ Залинэ ди лъэпкъым и шы­фэ­лIыфэр зыхъумэхэм ящыщщ. Ди ­гуапэу абы дедгъэкIуэкIа псалъэмакъымкIэ дывдогуашэ.
- Залинэ, бзэмкIэ зэбгъэгъуэта IэщIагъэм утезгъэпсэлъыхьынут…
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ФилологиемкIэ и институтым инджылызыбзэмкIэ и къудамэр 2000 гъэм къэзухащ. Университетым егъэ­джакIуэу сыкъэнэжри, илъэсип­щI­кIэ сыщылэжьащ. ИтIанэ, Белгород университетым и къудамэу Налшык дэ­тым Гуманитар, щIэныгъэ, правовой егъэджэныгъэмкIэ и кафедрэм и уна­фэщIу сыкIуащ. А IэнатIэм илъэсищкIэ сыпэрытауэ, бын дгъуэтри, лэжьыгъэр къэзгъэнащ. 2016 гъэм щегъэжьауэ КъБКъУ-м Хамэ къэралыбзэхэр щадж и центрым щылэжьэн щIэздзащ. Еджа­пIэр къэзухауэ зи инджылызыбзэм хэзыгъахъуэ, квалификацэ зэзыгъэгъуэтхэм садолажьэ. ИлъэситIрэ ныкъуэкIэ хуоджэ абы студентхэр. Но­бэм инджылызыбзэм хуэныкъуэщ цIы­хур. Экономист, юрист IэщIагъэ зиIэ­хэр куэду къокIуэ ди деж. Мыр IэщIагъэ щхьэхуэ зэзыгъэгъуэтахэм я етIуа­нэщ, зыхухэхари езыхэр зыхуеджам тещIыхьауэ я инджылызыбзэм нэсу хэгъэхъуэнырщ. Центрым и унафэщI Темрокъуэ Ларисэ «ЩIэныгъэ коммуникацэхэмкIэ зэдзэкIакIуэ» программэр илъэс епщIанэ хъуауэ егъэлажьэ.
- Уи сабиигъуэм къыщебгъажьэмэ, зыгуэркIэ уиунэтIу Iуэхугъуэ гуэр хэт уи гъащIэм?
- Унагъуэ уэршэр, дадэ-нанэ уэршэр! Си сабиигъуэм къыздисхащ ар - адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм къытхалъ­хьащ. Апхуэдэ уэршэрыр, хъыбарыжь­хэр жьэрыIуатэбзэ тхыдэщ. Ар иджыпс­ту зэхэпхыжыркъым куэдрэ. Ятхыжауэ тхыдэ хъужар фIыщ, ауэ уэ езыр убгъэдэсу узыщIэдэIур - ар хъу­гъуэ­фIыгъуэ дыдэщ. Сабиигъуэм къыздисхауэ къыщIэкIынущ мис а иджыпсту сызэ­лэжьхэри. Сэ сыщеджар инджы­лы­зыб­зэр щытепщэ школти, ар щхьэу­сыгъуэ хуэхъуащ а бзэр зджыну, IэщIагъи схуэхъужыну. ИтIанэ дэрбзэ­ры­ныр, сызэрыджэгу хьэпшыпхэр згъэ­щIэ­рэ­щIэныр сфIэфIти - бзылъхугъэм зэры­зигъэдахэ сщIыну сызэрегупсысар абы къыхэкIагъэнщ…
- Бзэм дыкъытегъэувыIи…
- Бзэр сыт?! Ар грамматикэ къудейкъым, дауи. Куууэ зыгуэр хэлъщ. Адыгэб­зэр макъыбзэщ, макъ къэси езым и мыхьэнэ иIэжщ - ар ди бзэм и щхьэ­хуэныгъэхэм ящыщу къызолъы­тэ. Бзэм къыхощ хабзэ-щэнхабзи, акъы­ли, псэи. Бзэуэ щыIэр дахэщ. Сэ студентхэр щезгъаджэм и деж инджылызыбзэр адыгэбзэм езгъэпщэн сфIэфIщ - гъэщIэгъуэну куэд хэлъщ абы.
- Иджыпсту цIыхухэм укъацIыху адыгэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ лэ­рыпс, тхьэгъу, бгырыпх екIухэр зыщI бзылъхугъэ IэпэIэсэу. Сыт хуэдэ гупсысэ а Iуэхум ухуэзышар?
- Сэ IэкIэ зыгуэр сщIыну сфIэфIт сыт щыгъуи, узэпэщэщ - узэлIалIэ гуэр. Декрет укIуэу лэжьыгъэм укъыпыхуа нэужь, зэман лей уиIэкъым, дауи. Ауэ уи гур хуэныкъуэ мэхъу дахэ гуэр къэбгъэщIыну. Лъэпкъ теплъэр къыхэщу тхьэгъу, лэрыпс, бгырыпх хуэдэхэр сщIы­ным зезгъэсащ. Ар «мыр сщIынущ» жысIэу къызэщIэспхъуэтауэ аракъым. Куэд щIауэ си гупсысэм щытIыгъуэрт. СщIынухэм я теплъэр си нэгум щIэтт, зэрысщIыну Iэмалыр гукIэ зэхуэзгъэкIуат. Ауэ зезгъэсэным мазэ бжыгъэ текIуэдащ. КъызыхэпщIыкIыр тэмэму къыхэпхыным куэд елъытащ. Абы щыщу нэхъ екIур къыхэпхын папщIэ зыкъомым узэхуеплъын хуей ­мэхъу икIи умыпIащIэмэ, нэхъыфIщ.
- IэпщIэлъапщIэу узэлэжьхэмкIэ адыгэм и шыфэлIыфэр пхъумэу къысщохъу…
- Лъэпкъым и теплъэр си гупсысэм хэтщ, дауи, абы екIуу, хуэфащэу щы­тыным солIалIэ си IэрыкIхэмкIэ. Адыгэхэм я IэщIагъэжь схъумэуи щыткъым - пасэрей лъэхъэнэ лъандэрэ зэ­лэжьу щыта гуэркъым мы сэ сызыдихьэхар. Адыгэ фащэ зыдхэм, дыщэмрэ дыжьынымрэ елэжьхэм яхъумэ лъэпкъ IэщIагъэр. Сыту жыпIэмэ, ахэр адыгэр сыт щыгъуи зэлэжьу щытащ.
Сэ адыгэм и шыфэлIыфэр къызэзыгъэпэщ дамыгъэ щхьэхуэхэр нобэрей ди зэманым тыншу къыщыгъэсэ­бэпынырщ сызэгупсысыр. Пщащэм и адыгэ фащэм сыт нэхъ нэIурыт дыдэу хэтыр - бгъэIулъхьэр! Арати, а бгъэIулъ­хьэм и теплъэр иIэу пщэрылъ сщIащ. ИтIанэ, мыдрей зэрызагъэдахэхэр: тхьэ­гъу, Iэпщэхъу, бгырыпх, бгъэ­хэIу­хэр. ЦIыхухъухэм папщIэ, хьэзырым и теплъэр уигу къэзыгъэкI бгъэхэIухэр. Сыт сэ сызыхуеяр? Зэманым тыншу къезгъэкIуну! Щхьэхуэу щыгъын хуу­мыду, махуэ къэс зыкIэрыплъхьэ ­хъууэ, сыт хуэдэ фэилъхьэгъуэми екIуу лэрыпс, Iэпщэхъу хуэдэхэр сщIынырщ. КъызэхъулIэу си гугъэщ.
Дыжьынымрэ дыщэмрэ къы­хэщIы­кIахэр махуэ къэс зыкIэрилъхьэркъым цIыхум икIи ахэр яхуэфэщэн щыгъын щхьэхуэм щIыгъун хуейщ. Адыгэ фащэр махуэ къэс пхущытIэгъэнукъым нобэ - ар Iуэху гуэрым хухэха хъуащ. Абы нэмыщIкIи фащэ тэмэм ебгъэдыныр лъапIэщ - дэтхэнэми ар ­къищэхуфыркъым. Ебгъэдауи сощI - махуэ къэс щыптIэгъэну Iэмал уиIэкъым. Къапщтэмэ, фащэр хъумэн хуейщ­ Iэмал имыIэу. Фащэ ебгъэдрэ, ныбжь уиIэ хъуа нэужь ар уи бын ептыжу, абыи езым и щIэблэм хузэрихьэжу щыщытыр сфIэфIщ - ди щэнхабзэм щыщ дахэ гуэр хэлъщ абы. Сэ си Iэ­рыкI­хэр зыхуэсщIыр цIыхубэрщ. Къы­­зыхэсщIыкIыр гъущIыпэ къызэрыгуэкIщ. Ауэ итIани а гъущIыпэр тэмэму къыхэпхын хуейщ - темыкIыжу, и фэр мыкIуэду. Iуданэри аращ - пкъы щIэтын хуейщ.
- Хьэуэ. Си унэцIэр тестхэри сутIыпщауэ арат. ИтIанэ езыр-езыру хъуащ апхуэдэу - бренд хуэдэу. Пэжу а фIэщыгъэри цIыхум ягу ирихьащ.
- Уи IэдакъэщIэкIхэр куэдым зыкIэралъхьэ - ди щIыналъэми хамэ къэ­ралхэми ягу щыдыхьащ. Сыт лъандэрэ уелэжьрэ абыхэм?
- Мы гъэм илъэситху мэхъу Iуэхур зэрезгъажьэрэ. Си IэрыкIхэр апхуэдэу зэщIэлъэIэса хъуну сегупсысатэкъым - тIэкIу зытезгъэу хуэдэурэ къыщIэздзауэ арат. ЗэрыжаIэщи, мафIэ цIыкIур мафIэшхуэ хъуащ. Солъагъу сэ сщIыр цIыхум ягу зэрыдыхьэр, къыщIэупщIэр куэд хъуащ, си лэжьыгъэми зиуб­гъуащ. Тыгъэ пщIынуи фIыуэ къозэгъ. Нэхъри сытезыгъэгушхуэри? ЦIыхухэм къызжаIэ псалъэ гуапэ. Гугъэ гуэр­хэ- ри сиIэщ си IэрыкIхэр щIэщыгъуэ сщIын папщIэ. Абыхэм япыслъхьэ ­гъущIы­­пэхэр сэ езым сщIыну, сэ езым къэзгупсыса тхыпхъэ хэсщIыхьыну сохъуапсэ. Ар гугъу дыдэщ, куэди пы­щIащ. Ауэ зы зэман абыи сыхуэкIуэнщ, Тхьэм жиIэмэ!
- Интернетым уи сурэт проект гъэ­щIэгъуэнхэм сыщрохьэлIэ…
- Си лэжьыгъэр цIыхухэм езгъэлъагъун щхьэкIэ интернетыр къызогъэ­сэбэп. Си Инстаграм напэкIуэцIыр згъэ­лэжьэн папщIэ Iэмал гуэрхэри къызогъэсэбэп. Псалъэм папщIэ, проект цIыкIу хуэдэу къезгъэжьауэ, пасэ­рейм и теплъэрэ иджырейм и шы­фэлIыфэрэ зэзыгъапщэ сурэтхэр зэпызгъэувэурэ щапхъэу къызолъхьэ. «ДызыхэпсэукI зэманми узэрыадыгэр плъагъуу зыпхуапэ мэхъу» - аращ абыкIэ жысIэну сызыхуейр. Е псалъэм папщIэ, си IэдакъэщIэкIхэм ящыщ скIэ­рылъу мотоциклым сыбгъэдэту сурэт зэуIу къислъхьащ. Сыт абы къиз­гъэ­кIыр жыпIэмэ, адыгэр пасэм зы­щымыгъуэза гуэрым удихьэх щхьэкIэ къанэркъым уадыгэну. Зэманым ­зе­хъуэжри, дэри зыдужьын хуейщ. Мы­хъумыщIэу тхэлъIамэ, кърени, дэ ди щэнхабзэ диIэжу дызыхэпсэукI зэманым псыхьа дыщрехъу! «Адыгэ» жытIэмэ зэпымыууэ илъэс щитI япэ псэуахэм датепсэлъыхь къудей мы­хъуу, зыдужьыни хуейщ - дэ иджыпстущ дыщыпсэур!
- Уэру къакIуэ гупсысэ къомым езы­хэр зыхуейр къыхагъэщхьэхукIыфу едгъэсэн хуейщ - аращ дазэрыдэIэпы­къуфынур. Абы папщIэ дэри зэпымыууэ къытщIэхъуэхэм я гупсысэм дыкIэлъыплъыпхъэщ. Къапщтэ­мэ, зыгуэркIэ зыщыдогъасэ дэри щIэблэм я деж. Дэ ди къыдэкIуэтеи­гъуэм щыIа зэманымрэ иджыпсту абы зэрызихъуэжамрэ куэд я зэхуакущ. Псалъэм папщIэ, иджыпсту къыдэкIуэтейхэр тхылъ еджэу ебгъэсэныр ­гугъущ, Iэмал ухуекIуэн хуейщ дебгъэ­хьэхын щхьэ­кIэ - ар тыншкъым. Тхылъым нэ­мыщI нэгъуэщI Iэмал куэд щыIэщи, абыхэми хунэсын хуейщ ахэр - я гуп­сысэм куэд щIагъэкIын. Ахэр пэлъэщынущ абы - я зыужьыкIэр хуабжьщ.

Гугъуэт Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.