|
|
Статьи на кабардинском языке
15 октября, 2026 - 06:19
Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Окладников Сергей.
15 октября, 2026 - 06:18
Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ пэкIу.
15 октября, 2026 - 06:17
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ. Иджыблагъэ а еджапIэ нэхъыщхьэм ирагъэблэгъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. КъулыкъущIэр яхуэзащ университетым и егъэджакIуэхэрэ студент щIалэгъуалэмрэ.
15 октября, 2026 - 06:16
Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджакIуэхэр. Абыхэм папщIэ екIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ иджыблагъэ районым и унафэщIу хаха ХъуэкIуэн Мурат. Абы къыхигъэщащ дэтхэнэм дежкIи егъэджакIуэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыт хуэдэ IэщIагъэми ар щIэдзапIэ зэрыхуэхъур.
15 октября, 2026 - 06:14
хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэжьыгъэхэмрэ дыщигъэгъуэзэну ди корреспондентым иджыблагъэ зыхуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хьэры-чэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ АфэщIыж Юрэ.
13 октября, 2026 - 09:25
«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и унафэщI Латыпов Артуррэ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент, Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблеем КъБР-м щиIэ
12 октября, 2026 - 06:13
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
12 октября, 2026 - 06:12
IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым. Аращ жэпуэгъуэм и 11-м Урысейм щагъэлъапIэ Мэкъумэш лэжьакIуэхэм я махуэм а къалэн мытыншыр езыхьэкIхэр яхуэфащэ ды-дэу къыщIыхэдгъэщыр.
9 октября, 2026 - 06:03
Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ департаментым щыщхэмрэ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и медицинэ IэщIагъэлIхэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу.
9 октября, 2026 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ фондымрэ я жэрдэмкIэ, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым жэпуэгъуэм и 6-м щекIуэкIащ щIыналъэ зыбжанэм зэдай конференц: «Урысей Федерацэм и муслъымэнхэм я псэкупсэ щхьэхуэныгъэр хъумэным теухуауэ».
Страницы
|