|
Статьи на кабардинском языке
28 февраля, 2019 - 08:15
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Шэджэм районыр къызэхикIухьащ. Псом япэу ар къыщыувыIащ Эль-Тюбю къуажэм икIи абы дэт фельдшер-акушер пунктым еплъащ. Мы IуэхущIапIэр цIыху 270-м щIигъум я узыншагъэм кIэлъоплъ. Пэшхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ аппаратурэмкIэ къызэгъэпэщащ, тэмэму ягъэплъ, псы щIыIэри хуабэри яIэщ.
28 февраля, 2019 - 08:14
Кавказ Ищхъэрэм къыщагъуэтащ хьэпшып нэхъ жьы дыдэхэр. Ар къыхигъэщащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием ЩIэинхэмкIэ (Материальнэ щэнхабзэм и тхыдэмкIэ) и институтым и лэжьакIуэ, археолог Резепкин Алексей, «Московский комсомолец» газетым и корреспон-дентым и упщIэхэм жэуап щаритыжым.
26 февраля, 2019 - 08:09
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Правительствэм и лэжьакIуэхэр, республикэм и муници-пальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр хэту иригъэкIуэкIащ къалэухуэ лэжьыгъэм теухуа законодательствэр зэрагъэзащIэм щыхэплъа зэIущIэ.
26 февраля, 2019 - 08:08
Бахъсэн муниципальнэ районым и Iэтащхьэ Сэбан Руслан иригъэкIуэкIащ щIыпIэ самоуправленэм и 25-нэ зэхуэсыр.
25 февраля, 2019 - 06:44
Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Кобылкин Дмитрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ. Псалъэмакъыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар Урысейм и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ ягъэзащIэ «Экология» лъэпкъ проектым ди щIыналъэр зэрыхэтырщ.
25 февраля, 2019 - 06:43
Бахъсэн къалэм и администрацэм и унэм щекIуэкIа зэIущIэм кърихьэлIащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къардэн Ф. А., егъэджэныгъэмкIэ департаментым и унафэщI Борэн М. М., Бахъсэн къалэм и волонтёр зэщIэхъееиныгъэм и унэтIакIуэ ПщыхьэщIэ А. М., къалэм дэт еджапIэхэм я унафэщIхэр.
21 февраля, 2019 - 06:52
Дыгъуасэ УФ-м и Президент Путин Владимир утыку кърихьащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр.
21 февраля, 2019 - 06:51
Урысей инвестицэ зэхыхьэшхуэр щекIуэкIым а Iуэхум хиубыдэу Сочэ къалэм Iэ щыщIадзащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэр, «Ла Плань» щIыналъэм зегъэужьынымкIэ корпорацэр, «АДС» компанием зэман кIыхь кIэ зэрызэдэлэ-жьэнум теухуа урысей-франджы меморандумым.
21 февраля, 2019 - 06:50
РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Мэкъумэш университетым, Педагогикэ колледжым я студентхэмрэ аспирантхэмрэ пхыкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и стипендиер зратынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм. НыбжьыщIэхэм ахъшэ саугъэтыр хуагъэфэщащ щIэныгъэм къыщагъэлъагъуэ я ехъулIэныгъэхэм папщIэ.
19 февраля, 2019 - 11:37
Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 30 ирикъуащ
Страницы
|