Статьи на кабардинском языке

ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх…

Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр ­къы­хуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умы­щIэжыну и нэгур ­къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэ­зыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъы­зэкъуихыу зыгуэрым ху­пы­гуфIыкIыфыр-къым.

ЩIалэгъуалэр яущийуэ

Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм и пэ къихуэу дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэ­рым Зауэм, лэжьыгъэм, Iэщэ­кIэ ЗэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я вете­­ран­хэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шы­хъуэбахъуэ Мухьэмэд.
- Мухьэмэд, Хэкум и ХъумакIуэм и махуэр къэралым хэIэтыкIауэ зэрыщыдгъэлъапIэм уэ дауэ уеплърэ?

Дэгубэ (Догуаб)

Ар зи фIэщыгъэ къуршыпс уэр цIыкIур Геленджик (ХьэфIыцIей, Хъулъыжьый) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэхэм языхэзщ.
ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ и «хэщIапIэр» Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщ­хьэхукIа Къуацэгъур тхы­цIэр зыгъэдахэ Тхыбэ бгым (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм

Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай мазаем и 19-м Ставрополь къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ щIыналъэм лъэпкъ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщы­ным ехьэлIа зи чэзу Iуэхухэм щы­тепсэлъыхьа зэIущIэ.

Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Борэн ФуIэд

Волгоград къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI-2020» къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэр икIи абы къыхэжаныкIахэр ягъэпэжащ.

Беслъэней пщыжылагъуэр Къэбэрдейм зэрыхэщхьэхукIа щIыкIэр

Дгъэнахуэхэр: Къэбэрдей пщы­жылагъуэхэр. Беслъэней пщыжылагъуэр. Пщызэныкъуэ­къур. Къызбрун зауэ. Тыркуейр. Кърымыр. Урысейм и телъхьэхэр. Урыс пщы Къанокъуэхэр. Къано­къуэхэ я зы тIасхъапIэ. Къанрэ ­малъхъэрэ. Гъунэгъухэр.

Налшыкдэсхэм я лъагапIэ нэхъыщхьэхэр

1976 гъэм Налшык и командэр и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм нэсащ. Абы джэгун щригъэжьащ Совет Союзым регбимкIэ и гуп нэхъыщхьэм икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ ди щIалэхэм Iэмал ягъуэтащ къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэу 10-м языхэз хъуну. КъищынэмыщIауэ, етIуанэу зэкIэлъхьэужьу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.

Урысей Федерацэм и чемпионхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэрагъэпэща Налшык и «Спартак» регби командэр 1975 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион япэу хъуащ. А илъэс дыдэм и кIэухым ди щIалэхэм хуитыныгъэ къахьащ гъэ къакIуэм Совет Союзым и гуп нэхъыщхьэм щыджэгуну.

Ди анэ дахэу ди Хэкужь, ди нэхъыжьхэр димыIэж, хамэ щIыпIэм дыкъыумынэу, дурибынкъэ - дынэшэж!

Сирием жылагъуэ-политикэ щытыкIэр нэхъри щызэщIоплъэ. Лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэм яку къыдэхута ди хэкуэгъухэр Урысеймрэ адыгэ республикэхэмрэ къолъэIу ядэIэпыкъуну.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке