|
Статьи на кабардинском языке
18 октября, 2019 - 06:47
Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и пщIантIэм дэтщ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэхэм я фэеплъ. Абдеж пэкIу щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 13-м. Абы хэтащ щIыналъэ УФСИН-м и унафэщIхэр, КъБР-м и УИС-м и ветеранхэр, я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм ящыщхэр, дин лэжьакIуэхэр.
18 октября, 2019 - 06:43
Урысей МВД-м IэпщэрызауэмкIэ и урысейпсо чемпионат махуищкIэ, жэпуэгъуэм и 11-13-хэм, Налшык къалэ и «Гладиатор» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысей МВД-м и еджапIэхэм щIэсхэр.
17 октября, 2019 - 07:10
Урысейм Кърымыр къызэрыгухьэжар яхуегъэхыркъым а хытIыгуныкъуэм нэгъуэщI гуращэ хузиIахэм. Псом хуэмыдэу США-м.
17 октября, 2019 - 07:05
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым жэпуэгъуэм и 10-м щыхьэщIащ Ипщэ федеральнэ университетым (ИФУ) и студентхэм къызэрагъэпэщауэ Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI автомобиль къызэдэжэм хэтхэр. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм.
17 октября, 2019 - 06:58
КъБР-м и Парламентым жэпуэгъуэм и 15-м щекIуэкIа зэIущIэм депутатхэм Iэ щаIэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI къулыкъум ягъэувыну Мусуков Алий къызэрагъэлъэгъуам теухуауэ.
16 октября, 2019 - 06:49
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм республикэм и щыхьэрым и курыт еджапIэ №8-м и школакIуэхэмрэ Налшык къалэ администрацэм дэлажьэ ЩIалэгъуалэ советым и волонтёрхэмрэ щахуэзащ полицэм и къудамэ №1-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ Яковлевэ Галинэрэ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Хьэмырзэ Хьэзэрталийрэ.
16 октября, 2019 - 06:42
Бахъсэн къалэм и жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ терроризмэм пэщIэтынымкIэ граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэфIагъэкI Iуэхухэм. Псалъэмакъым и пэщIэдзэм абы кърихьэлIахэр еплъащ террористхэм ягъэжэкъуа ди цIыхухэм ятеухуауэ Суановэ Залинэ триха фильмым.
16 октября, 2019 - 06:39
КъызэрыгуэкI цIыхухэм къащхьэщыкIыу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэм зы къару щэху гуэр яхэлъщ, езым я дуней лъагъукIэ, Iуэху еплъыкIэ яIэжщ.
15 октября, 2019 - 07:03
Катарым и къалащхьэ Дохэ мы махуэхэм щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым аргуэру ехъулIэныгъэ ин къытхуахьащ - дыщэ медалыр нэхъапэIуэкIэ зыIэрызыгъэхьа Ласицкене (Кучинэ) Марие къыкIэлъыкIуэу цIыхухъухэр лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ зэпеуэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ Прохладнэ къалэм щыщ Акименкэ Михаил.
15 октября, 2019 - 06:58
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къалэ къыщыхъуа гуауэм теухуа фэеплъ пэкIу щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм.
Страницы
|