|
Статьи на кабардинском языке
24 февраля, 2022 - 14:34
Ди лъахэгъу цIэрыIуэ Урыш Анзор Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и командэ къыхэхам и тренерхэм ящыщ зы хъуащ. Апхуэдэ унафэ къащтащ иджыблагъэ бэнэн зэрыщигъэтар къалъытэри - хуейщ абы и Iэзагъ лъагэр адэкIи Хэкум къыхуагъэсэбэпыну, ди спортсмен нэхъ лъэщ дыдээр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хуигъэхьэзыру.
24 февраля, 2022 - 06:30
Мазаем и 23-м Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. Ар 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр.
23 февраля, 2022 - 06:30
1922 гъэм Iэ традзащ Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсиплI зэрырикъур мазаем и 23-м Iэтауэ гъэлъэпIэным теухуа Указым. Ауэ ипэ ита илъэсхэм а гуфIэгъуэр зэи хаIэтыкIакъым.
23 февраля, 2022 - 06:30
Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм, XVI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ.
23 февраля, 2022 - 06:30
Къэрал, лъэпкъ лэжьакIуэ цIэрыIуэ
Къанокъуэ Арсен илъэс 65-рэ ирокъу
22 февраля, 2022 - 05:07
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ зи гъащIэ псор сурэт щIыным тезыухуа Индрис Залымхъан къыщIэна лэжьыгъэ купщIафIэхэр.
22 февраля, 2022 - 05:07
XXIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэу Пекин щекIуэкIар мазаем и 20-м гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыжащ. Урысей Федерацэм и атлетхэм абы щызыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 6, дыжьыну 12, домбеякъыу 14 - псори зэхэту медаль 32-рэ. Официальнэу щымыт медаль зэпеуэм ди къэралым икIа спортсменхэм ебгъуанэ увыпIэр къыщахьащ.
22 февраля, 2022 - 05:06
Испыхэр Нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъыгъуэщ. Я цIыкIуагъым емылъытауэ испыхэр хуабжьу къарууфIэт, губзыгъэт, акъылышхуэ ябгъэдэлът, лIыгъэшхуэ яхэлът, пагэхэт. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу, къызыфIэщIыж хьэл яхэмылъу эпосым къыхощыж.
21 февраля, 2022 - 06:30
КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа «щIыналъэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ республикэм и эпидемиологие щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Абыхэм ятеухуа я еплъыкIэхэр зэIущIэм къыщаIуэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам сымэ.
21 февраля, 2022 - 06:30
Бахъсэн къалэм и администрацэм и унэм дыгъуасэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. ЩIыпIэм и унагъуэщIэ зыбжанэм абы щратыжащ соцальнэ дэIэпыкъуныгъэ къэралым къазэрыритым щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. А мылъкумкIэ зэщхьэгъусэхэм псэупIэ унэ хьэзыр къащэхуми уней лъапсэ ирыращIыну къагъэсэбэпми хъунущ.
Страницы
|