Статьи на кабардинском языке

Гуапагъэмрэ хьэщIагъэмрэ дахьэх

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ гуманитар Iуэ­хухэмкIэ проект куэд зи гъусэу ягъэзэщIа, Дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ Санкт-Петербург ассоциацэм - Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и дэлэжьэ­гъум - и лIыкIуэ гуп. Абыхэм яхэ-тащ судыщIэ IэнатIэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм, туризмэм, щэнхабзэм, Къэ­рал Эрмитажым я лэжьа­кIуэ­хэр, хьэрычэтыщIэхэр.

Пенсэхэр дяпэкIэ яхуэзыхьынур пощтым и закъуэщ

2023 гъэм накъыгъэм и 1-м къару ягъуэт УФ-м и законодательствэм халъхьа зэхъуэ­кIыныгъэхэм. Иджы пенсэ­хэмрэ къэралым цIыхухэм зэ­рызащIигъакъуэ ахъшэ­хэмрэ Iэрылъхьэу яIэрызыгъэхьэнур Урысей пощтырщ. А зэхъуэкIыныгъэхэм тхутеп­сэлъыхьащ Федеральнэ   пощт къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ управленэм и унафэщI Вэ­рокъуэ Заур. 

СЫТ ЛЪЭПКЪЫМ И ДЕЖКIЭ НАСЫПЫР?

Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэхэм ящыщщ. ИкIи, псалъэ дыгъэлу щымыту, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм ар ябгъэдэлъхьэным, ягъэджыным зи гуащIэ езыхьэлIэхэм я лэжьыгъэр уасэншэщ. Анэдэлъхубзэр къалэм дэс сабийхэм языгъэджхэм я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр зыхащIэу я IэнатIэм пэрытщ ди республикэм и егъэджакIуэхэр.

«ИРИПСАЛЪЭ, АДЫГЭ, АДЫГЭБЗЭМ, ТЕТЫХУКIЭ МЫ ДУНЕЙМ АДЫГЭПСЭ!»

Иужьрей зэманым ди адыгэбзэм и пщIэмрэ мыхьэнэмрэ зэрелъэхъшэхам адыгэпсэ зыIуту имыгъэпIейтей щыIэу къыщIэкIынкъым. «Дыадыгэщ» жытIэу ди бгъэм дытеуэжкIэ, е «адыгэ, уей, уей» жытIэу дыкIийкIэ ди адыгэбзэми хабзэми заIэтынукъым. Адыгагъэр, цIыхугъэр, нэмысыр хуэмурэ IэщIыб зэрытщIым гу лъыдмытэжми, ар махуэ къэс нэхъ нэрылъагъу мэхъу.

КЪУАЖЭМ И ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ГУКIИ ПСЭКIИ ХУЭЛАЖЬЭ

ЦIыху псори къыщалъхуа жылэм къуэпс быдэкIэ епхащ. Дэнэ щIыпIэ ущыIами, абы ущекIуэлIэжкIэ гупсэхугъуэ бгъуэтыжу апхуэдэщ. Уи гур хохъуэ уи къуажэжьым и цIэр фIыкIэ щыIукIэ, ар зэрефIакIуэр, зэрызиужьыр щыплъагъукIэ. Нобэ апхуэдэ гухэхъуэ къызет сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэм и псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжым.

ЦIЫХУР ЗЫПЭМЫЛЪЭЩ ДУНЕЙ КЪЭХЪУКЪАЩIЭ

Дунейм и къэхъукъащIэхэм цIыхухэм я Iэмалхэр щыпэмылъэщ къохъу куэдрэ. Апхуэдэщ щIыхъейр. ЩIыхъей шынагъуэр щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ цунами, вулкан къэхъукъащIэхэми.

IT-IЭНАТIЭМ ТЕУХУАУЭ ЩIЭНIУАТЭ

Налшык къалэм дэт НыбжьыщIэхэм я театрым «Зэрыдунейуэ IT-щ» зи фIэщыгъэ урысейпсо щIэнIуатэр иджыблагъэ щекIуэкIащ.

ЗЭШЫПХЪУ IЭПЭIЭСЭХЭР

Дыщэидэ IэщIагъэр адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдокIуэкI. Абы и щIыкIэм куэдрэ  зихъуэжащ, хэдыкIыкIэ IэмалыщIэхэр къыхыхьащ. Лъэпкъ куэдым яIэщ дыщэпскIэ хэдыкIын IэщIагъэр, ауэ адыгэм хуэдэу абы зезыгъэужьа къэгъуэтыгъуейщ. Псом хуэмыдэу блэкIа лIэщIыгъуэм абы щIэупщIэ ин иIауэ къалъытэ  щIэныгъэлIхэм. Адыгэ фащэр зэрагъэдахэр арат.

БЖЬЭХУЦЫР

Бжьэхуцым и процент 95-р целлюлозэщ. Абы псыр фIы дыдэу зыщIеф. Апхуэдизу псыIагъыр кIуэцIозагъэри, процент 40 хуэдизкIэ нэхъ Iув мэхъу. Бжьэхуцым къыхащIыкI дыгъэм и бзий гуащIэр зыпхымыкIыф щэкI. ЩэкIым и быдагъкIэ данэм ирагъапщэ.

ЩЫБЛЭМ И КЪАРУР

Щыблэм я нэхъыбэр - процент 75-р - пшэм тохуэри, къыхонэж, щIым лъэмыIэсу. Щыблэ шынагъуэм уафэхъуэпскIи уафэгъуагъуи щIэтщ. Абы пщтырагъыу иIыгъыфынущ  цельсиемкIэ градус 30 000. Ар хуэдихкIэ нэхъыбэщ, дыгъэм и щIыIум и пщтырагъым нэхърэ. Илъэсым къриубыдэу дуней псом уафэр щохъуэпскI мелард 1,5-рэ хуэдизкIэ. Ахэр къызэрахутэ спутниккIэ къабжащ. Ику иту щыблэм и кIыхьагъщ километри 9,5-рэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке