|
|
Статьи на кабардинском языке
4 апреля, 2023 - 06:25
Ерчэн Темболэт и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт спортымкIэ уардэунэм илъэс еханэ хъуауэ щокIуэкI армэ IэпщэрызауэмкIэ 115-нэ шуудзэм и республикэпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ. Иджыблагъэ абы кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ куэдым къикIа ныбжьыщIэхэр.
3 апреля, 2023 - 09:35
Дыкъэзыухъуреихь дунейм щысхьыным, щIыуэпсым хуэсакъыным хуэгъэзауэ пщIэ нэхъ зиIэ Iуэху дахэхэм хабжэ Бзухэм я дунейпсо махуэр. Гъэ дызэрытми ар ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъэпIэнущ.
Зэрынэрылъагъущи, мы Iуэхур ирырагъэхьэлIащ дамэ зытет псэущхьэ цIыкIухэм дэнэ лъэныкъуэкIи абгъуэ щаухуэ лъэхъэнэм.
3 апреля, 2023 - 05:39
Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ илъэс 78-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыхалъхьа «Ди Хэкушхуэ» зи фIэщыгъэ дунейпсо хэкупсэ Iуэхугъуэр щIыпIэ куэдым щрагъэкIуэкIащ. Налшык къалэ дэт ЩIыхьым и Мыужьыхыж мафIэм дежи жэрдэмым ипкъ иткIэ иджыблагъэ пэкIу щызэхэтащ.
3 апреля, 2023 - 05:39
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и УФСБ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Громушкин Пётр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ террорист щIэпхъаджагъэ къэхъуну шынагъуэ зэрыщыIэмкIэ жылагъуэм хъыбар егъэщIэным, терроризм щымыгъэIэным Iэмалхэр къыхуэгупсысыным.
3 апреля, 2023 - 05:35
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм гъатхэпэм и 27-м къыщызэIуахащ балъкъэр лъэпкъым и махуэщIым траухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы утыку къыщрахьащ усакIуэ, тхакIуэ икIи сурэтыщI Сарбашев Азноррэ Къалмыкъ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дорджинов Викторрэ я лэжьыгъэхэр.
2 апреля, 2023 - 06:03
И ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъур нобэ егъэлъапIэ Аргудан къуажэм къыщалъхуа, Нарткъалэ щыпсэу политик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Бажэ Дотий.
2 апреля, 2023 - 06:03
УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и щIыналъэ къудамэр я дэIэпыкъуэгъуу, гъатхэпэм и 27-м республикэм и театрихым - Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Музыкэ театрым, Гуащэ театрым, Нэгъуей Мухьэдин зи унафэщI «Фатум» уней
1 апреля, 2023 - 06:03
Лъэпкъ Iуэху зепхуэн папщIэ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ, зэфIэкIрэ IэнатIэрэ я закъуэкъым узыхуейр, абы щIыгъупхъэщ гууз-лыузыр, укъызыхэкIам и сыт хуэдэ Iуэхуми гудзакъэ хуиIэныр. А псори зыхэлъщ нобэ зи ныбжьыр илъэс 50 ирикъу Къардэн Хьэсэн.
1 апреля, 2023 - 06:03
КъБР-м и Музыкэ театрым концерт гукъинэжкIэ щагъэлъэпIащ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр.
31 марта, 2023 - 06:33
Шэджэм щIыналъэм щыIащ икIи Шэджэм-2 - Булунгу гъуэгущIэм и ухуэныгъэр здынэсар зригъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Страницы
|