|
Статьи на кабардинском языке
3 марта, 2021 - 06:38
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм икIыу Хэку зауэшхуэм кIуахэм ящыщу цIыху 40-м къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щаритыжа зэIущIэ.
2 марта, 2021 - 07:10
Дуней псор зэщIэзыщта пандемием цIыхухэр зэхэмыхьэу унэм зэрыриубыдам ещхьу, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми я лэжьыгъэр яхуемыгъэкIуэкIыу къызэтригъэувыIащ, шэщIауи къахузэмыгъэпэщ ищIащ.
2 марта, 2021 - 07:06
КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лэжьапIэншэу зезыгъэтхахэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм.
2 марта, 2021 - 06:58
Центрым и унафэщI Дыгулыбгъу Маринэ КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ ищIащ я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Центрыр зэрылажьэ зэманым къриубыдэу республикэм щыпсэухэм абы мини 3,5-рэ хуэдизрэ зыхуагъэзащ, абы щыщу минитIым щIигъур 2021 гъэр къызэрихьэрэ.
2 марта, 2021 - 06:55
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 27-м Республикэм и Правительствэм и Унэм щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.
27 февраля, 2021 - 06:36
1976 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ къыщалъхуащ Сыжажэ Алим Сэрэбий и къуэр.
Адыгэм псалъэжьу диIэщ: «Лъэужьыр бжьиблкIэ мауэ». Алим и адэшхуэр (и адэм и адэр) КъурIэн Iыхьлыуэ щытащ. Алими иджыри сабий дыдэу техьат адэшхуэм и лъагъуэм.
27 февраля, 2021 - 06:31
Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыжмэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.
27 февраля, 2021 - 06:27
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мазаем и 25-м республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий.
27 февраля, 2021 - 06:22
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 24-м хэтащ УФ-м и Къэрал Советым и лэжьакIуэ гупым иригъэкIуэкIа зэIущIэм, Урысей Федерацэм стратегие мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэпса, «Ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ къалэхэмрэ» проектым теухуауэ щытам.
26 февраля, 2021 - 07:16
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ щыщыIам хуэзащ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Залиханов Къанщобий.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ япкъ иткIэ илъэс кIуам щIыналъэм щызэфIагъэкIын хуеяхэм зэрехъулIар икIи зэман гъунэгъум къапэщыт къалэнхэм.
Страницы
|