КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым иригъэкIуэкIа зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэм. Видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
ЗэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьар ухуэныгъэ IэнатIэм щIыналъэ проектхэр щыгъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ 2020 гъэм щатащ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 499,8-рэ, я мурадам нэхърэ проценти 5,4-кIэ нэхъыбэ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэр псэупIэкIэ къы­зэгъэпэщыныр, абыхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр» къэрал программэм хыхьэу 2021 гъэм республикэм щаухуэну я мурадщ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 513-рэ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэ - мазае мазэхэм ятакIэщ метр зэбгъузэнатIэ мин 21-рэ. Ар илъэс кIуам и иджы хуэдэ лъэхъэнэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 10,6-кIэ нэхъыбэщ.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ щIыналъэ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ щызэфIагъэкIын хуей пIалъэхэм, апхуэдэуи псэупIэ ятхэм я фIагъыр зыхуэдэн хуейм. Мыбдежым гулъытэ нэхъыбэ игъуэтащ ухуэныгъэхэр цIыху­хэр зыхуэныкъуэ инфраструктурэкIи къызэрагъэпэщын зэрыхуейм: унэхэм къедза щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным, хьэблэщIэхэм гъуэгухэр тэмэму екIуалIэу щытыным ехьэлIа Iуэхухэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)