|
СызэIэза сабиймрэ абы и анэмрэ я нэгухэм кърих гуфIэгъуэм си гур хегъахъуэ
6 марта, 2021 - 07:38
СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрырщ коронавирусым щеIэ-зэ япэ госпиталыр къыщызэIуахар. Къапэщылъыр зэрымыIуэху тыншыр, я гъащIэмкIи шынагъуэншэу зэрыщымытыр къагурыIуэми, абы и лэжьакIуэ-хэр гугъуехьым къыпимыкIуэту узыфэм жылагъуэр зэрыщахъумэным я зэфIэкIи, я къаруи халъхьащ. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ IэнатIэм пэрытхэм ящыщщ нобэ ди псэлъэгъу бзылъхугъэр - медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм еIэзэ дохутыр, педиатр, центрым и къудамэ №-3-м и унафэщI КIуэкIуэ Мадинэ Тэлэдин и пхъур.
- IэщIагъэ схуэхъунум куэдрэ сегупсысакъым. СызэрыцIыкIурэ си щхьэм илъыр дохутыр Iуэхут. Абы-кIэ щапхъэ зытесхыни гъуазэ схуэхъуни ди унэм щIэст. Си анэр илъэс 40-кIэ узыфэ зэрыцIалэхэр зэфыкIхэм еIэзэ дохутыру, педиатру лэжьащ. Сэри абы и лъагъуэм срикIуэжащ, - къыщIедзэ псалъэмакъыр Мадинэ. - Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым япэу сыщыкIуам си ныбжьыр илъэсищым иту арат. Абдеж щегъэжьауэ си анэм и лэжьапIэм куэдрэ тезгъэзащ, и лэжьэгъухэр псори зэзгъэцIыхуащ. Медицинэ литературэ щIэх-щIэхыурэ седжэрт, къыщыхъу щыIэт абы фIыуэ зэрыхэсщIыкIым сыкъэзыухъуреихьхэр къыщигъэуIэбжь, апхуэдэуи сэ къэсщIахэмкIэ сфIэгъэщIэгъуэну си ныбжьэгъухэми садэгуашэрт. Япэ классым сыщыщIэсым плъыжь зэблэдза зытет хъуржын цIыкIур си плIэм илъу, медицинэ дамыгъэр зытет щэкI кIапэр си Iэблэм къешэкIауэ къэскIухьырт. Псоми ящIэрт сэ дохутыр IэщIагъэм сызэрыщIэхъуэпсыр. Сыщылэжьэну сызыхуейри узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщырт: доху- тырыфIхэр щыIэт абы, зыужьыныгъэхэр щекIуэкIми жьыр ирамыгъэкIуэтэкIыу, абы и Iыхьэ гуэрхэр IуэхугъуэщIэхэм я лъабжьэу IэнатIэр ирагъэфIакIуэрт. КъБКъУ-м и медицинэ факультетым сыщыщIэсми сыкIуэу щытащ сымаджэщым, абы къыхэкIыу Iэмал сиIэщ IуэхущIапIэм и блэкIамрэ и нобэмрэ зэзгъэпщэну. Иджы си ординаторхэр центрым и тхыдэми хэзгъэгъуазэу абыхэм сахутопсэлъыхь.
- Мадинэ, уи IэщIагъэм щыпча япэ лъэбакъуэхэр нобэ сыт хуэдэу уи нэгу къызэрыщIыхьэжыр?
- Абы хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. ЕплIанэ курсыр къэзуха нэужь, гъэмахуэ лъэхъэнэм къриубыдэу Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым и процедурэ пэшым лэжьыгъэм и пIалъэм зыщыхэзгъэгъуэзэну мурад сщIат. АрщхьэкIэ шэ щызэрахьэ пщэфIапIэр медсестра хуэныкъуэти, абы сыкIуэн хуей хъуащ. Пщэдджыжь къэс сыхьэти 7-м шэ къэзышэ маши-нэр къакIуэрт. Литр 50 зэрыхуэ кIэструлышхуитIым шэр кърагъахъуэрт. Абы щыгъуэм сэ килограмм 45-рэ си хьэлъагъыу арат, нобэми къысхуэщIэркъым а кIэструлышхуэхэр къызэресхьэкIыу щытар. Апхуэдэурэ тхьэмахуитI блэкIащ. Махуэ гуэрым шэ къэзышэ машинэмрэ сэрэ дызэблэкIащ: сэ сыкъыкIэрыхуат е ар нэхъ пасэу къэкIуат. Сытми, а пщэдджыжьым шэ диIэтэкъым. Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и деж сыкIуэри, Iуэхур зыIутыр жесIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, шэ щызэрахьэ пщэфIапIэм сызэрыщыIэр ищIэжыртэкъым. «Иджыри къэс абы ущылажьэу ара?» - жиIэри игъэщIагъуэу къызэупщIащ. СыщIэкIуа Iуэхур зэхэкIыжащ, а махуэм зыхуеину шэр къагъуэтащ. Абы щыгъуэм дохутыр нэхъыщхьэм сызэрылажьэм щыхьэт техъуэ тхылъыр къысхузэIуихащ, япэ тхыгъэу «Шэ щызэрахьэ пщэфIапIэм и медсестра» жиIэу иту. Апхуэдэу къежьащ си лэжьыгъэ гъуэгуанэр, ар куэдрэ гуапэу сигу къокIыж. Къапщтэмэ, шэхэкI ерыскъыгъуэхэр гъэхьэзырынри гъащIэм къыщысщхьэпэжащ. ИужькIэ, сабий узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ интернатурэм си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуа нэужь, дохутыру къэзгъэзэжащ.
- Лэжьыгъэм уи гъащIэм сыт хуэдэ мыхьэнэ щигъэзащIэрэ?
- Узыншагъэр хъумэныр ди къалэн нэхъыщхьэу щыщыткIэ, дохутырхэм къыхэтха IэщIагъэм ди гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ зэрыщиубыдыр гурыIуэгъуэщ. СызэIэзэр сабийхэращи, абыхэм я гъащIэмкIэ, я узыншагъэмкIэ жэуаплыныгъэшхуэ си пщэ къыдохуэ. А цIыкIухэм я узыр пэжу къэхутэным, я хущхъуэгъуэ къэгъуэтыным куэдкIэ елъытащ я гъащIэ псокIэ яIэну узыншагъэр зыхуэдэнур. Абы къыхэкIыу дэтхэнэ зы сабийми гулъытэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэхэр яхузиIэщ. А цIыкIухэм ящыщ дэтхэнэми и щIыбагъ лъэпкъ псо къыдэтщ. Ар адэ-анэм я закъуэкъым - лъэныкъуитIымкIи я адэшхуэ-анэшхуэхэр, адэшыпхъу-адэ къуэшхэр, анэ шыпхъуанэ дэлъхухэр. Псоми дохутырым и жыIэр зэхахыну хуейщи, абыхэми зэрыхъукIэ дакъызэрыдекIуэкIыным иужь дитщ. Ар педиатрым и лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ. Хъужауэ сымаджэщым щIэкIыж сабиймрэ абыи анэмрэ я нэгухэм кърих гу-фIэгъуэр слъагъуныр си дежкIэ гухэхъуэщ.
- Мадинэ, уи лэжьэгъуэ махуэр дауэ зэрыубзыхуар?
- Пщэдджыжьым сыхьэти 8-м сыкъэсу лэжьапIэм сыкъокIуэ. Илъэс 30-м къриубыдэу къэхъуакъым сыкъыщыкIэрыхуа. Сэ фIыуэ хызощIыкI жэщ плъырыгъуэр зэрыхьэлъэм, абы къыхэкIыу си медсестрахэм я лэжьэгъуэ зэблэкIыгъуэр сыхьэти 8 щыхъуам зэфIэкIауэ щытын хуейщ. Къыздэлажьэ медсестрахэр республикэм щынэхъыфIхэм ящыщщ жысIэми, езгъэлеяуэ къысщыхъуркъым, я IэнатIэм фIыуэ хащIыкIыу, жэуаплыныгъэ яхэлъу пэрытщи. Махуэр зэрекIуэкIынур пщэдджыжьым доубзыху. Сымаджэ къытхуашамэ, я Iуэхур зэхыдогъэкI, реанимацэм щIэлъ диIэмэ, псом япэу абыхэм я щытыкIэм зыщыдогъэгъуазэ. АдэкIэ сэ си нэIэ зытет къудамэм щIэлъ дэтхэнэ сымаджэми, ар сэ къызэпхауэ, абы еIэзэ дохутырыр сэрауэ щымытми, я узыншагъэр зыхуэдэр зызогъащIэ. ИтIанэ лэжьакIуэхэм махуэм ящIэнум теухуауэ сопсалъэ.
Дэтхэнэ зы анэри и сабийм и щытыкIэм теухуауэ нэхъыбэ къищIэну хуейщ. А Iуэхум ди зэманышхуи къаруушхуи токIуадэ. Быным тегужьеикIауэ жэщкIэрэ тэмэму зэрымыжейм къыхэкIыу, езэша икIи тэмакъкIэщI хъуа анэхэм гулъытэ тэмэм яхуэпщIу уащепсалъэкIэ фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэрадзэкIыж, нэхъ сабыр мэхъужхэри, дзыхьи къыпхуащIу щIадзэ. Абыхэм я фIэщхъуныгъэм куэдкIэ елъытащ лэжьыгъэм дызэрехъу-лIэнур. Сызыпэрыт Iуэхум къызит гупсэхугъуэр нэхъ куууэ зыхызощIэ апхуэдэ дакъикъэхэм. АдэкIэ лэжьыгъэм епха тхылъымпIэ Iуэхухэм яужь ситщ, унафэщIым и пщэ къыдэхуэ хабзэ къалэн гуэрхэр зэфIызогъэкI. Лэжьэгъуэ махуэр щиухынури зэриухыну щIыкIэри къыпхуэщIэнукъым. Куэдрэ къыщыхъу щыIэщ укъыщIэкIыжыну зыбгъэхьэзырауэ сымаджэ хьэлъэ къыщашэ е щIэлъхэм ящыщ гуэрым и щытыкIэр къыщызэIыхьэ. Дауэ узэрыкIуэжынур?! Абыхэм я IуэхумкIэ си гур зэгъа нэужьщ лэжьапIэм сыкъыщыщIэкIыжыр. Апхуэдэущ къызэрыгуэкI махуэхэм ди лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр…
2020 гъэм гъатхэпэм и 21-м ди центрым коронавирус узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм щеIэзэ госпиталь къыщызэIуахащ икIи абы ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ-хэр къыхилъхьащ. Щыуауэ ди IэщIагъэр къыхэзыха зэрыщымыIэр сщIэрт, ауэ иджы абы щыхьэт техъуащ дыкъызэрыхута щыты- кIэр. Iуэхур зэрымышынагъуэншэр къагурыIуэми, центрым и лэжьакIуэхэм къахэкIакъым зи IэнатIэр къэзыгъэна. Госпиталыр эпидемиологие хабзэхэм ткIийуэ тету мэлажьэ. Узыфэр зыхуэдэр тэмэму къызэрамыхутам къыхэкIыу, икъукIэ шынагъуэ уз зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт мардэхэм дытету Iуэхур едгъэжьащ. Мис абы щыгъуэм жэщ-махуэм къриубыдэу сыхьэти 8-кIэ зэблэкIыгъуищу дылажьэрт. Унэм дыкIуэж хъунутэкъыми, япэщIыкIэ центрым и 4-нэ къатыр зыгъэпсэхупIэу тхухахри, абы дыщыIащ, иужькIэ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор Къанокъуэ Арсен и «Синдика» хьэщIэщым дагъэкIуащ. ШыщхьэуIу мазэм сымаджэхэр нэхъ мащIэ хъури, дызэрыта щытыкIэм дыхуэкIуэжащ. Абы ирихьэлIэу зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ центрым, хъарзынэу ирагъэфIэкIуащ, IэмэпсымэщIэхэмкIи зэщIаузэдащ. А псом лэжьыгъэри куэдкIэ нэхъ тынш къытщищIащ. ФокIадэм и 25-м госпиталыр къызэIуахыжащ. Иджы гуп щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщауэ тхьэмахуэ тIурытIкIэ лажьэрт: зэблэкIыгъуищу сыхьэти 8-кIэ. Мазае мазэм ди лэжьэкIэм аргуэру зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ: псори зэгъусэу IэнатIэм дыпэрыхьэжащ, дызэрылажьэ сыхьэт бжыгъэр зэщхьэщыхауэ. Узыр нэхъ къэтIэсхъауэ, ди лэжьакIуэхэм я нэхъыбэм ар япкърыкIауэ зэрыщытым къыхэкIыу унэм дыкIуэжыну дыхуитщ. Апхуэдэ Iэмал зимыIэхэр «Лэгъупыкъу» санаторэм щопсэу, ахэр машинэ щхьэхуэкIэ лэжьапIэм къашэ.
- Ди псалъэмакъым къызэрыхэщащи, илъэс 30 хъуауэ IэнатIэм упэрытщ. А зэманым къриубыдэу уи лэжьыгъэкIэ урихьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэ нэхъ уигу къинэжа?
- Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэхэр мащIэкъым, махуэщIэм зы гъэщIэгъуэн гуэр къыдокIуэ. Языныкъуэхэм деж си цIыхугъэхэм яжызоIэ: телевизоркIэ сериалхэм сеплъыркъым, абы къыхэсхыну гухэхъуэ-гухэщIыр си IэщIагъэм къызетри. Псом хуэмыдэу нэхъ сигу къинахэм ящыщ зым и гугъу пхуэсщIыжынщ. Абы щыгъуэм лэжьэн щIэздзагъащIэт. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ипэ къихуэ жэщым си плъырыгъуэу техуащ. Зи ныбжьыр илъэсибгъум ит хъыджэбз цIыкIу тэмакъыдзэ иIэу къытхуашащ. Лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI медсестрат а жэщымси гъусэр. Сабийм и жьэ кIуэцIым щыжьэдэплъэм абы жиIащ: «Илъэс дапщэ хъуауэ сылажьэми, мыпхуэдэ тэмакъ зэи слъэгъуакъым! Сыт, Мадинэ, тщIэнур, сывороткэр етхьэлIэну?» Сэ сыхэгупсысыхьащ, медицинэ тхылъыр щIэсплъыкIащ. Дифтерием ещхьт, анализхэр дгъэхьэзырри, узыфэм зэрыпэщIэт мастэр хэтлъхьащ. Блыщхьэ махуэр къэсри, псалъэмакъ къэхъеящ. «Ар фIэщ щIыгъуейщ, илъэс 30 - 40 хъуауэ долажьэри, а узыфэм зэи дрихьэлIакъым. Дэ ди республикэм апхуэдэ сымаджэ щыIэкъым», - жаIащ дохутыр нэхъыжьхэм. Сыхэгупсысыхьауэ сыздэщысым баклабораторием къипсэлъыкIри, хъыбар къыдагъэщIащ едгъэхьа анализхэм дифтериер къызэрагъэлъагъуэр икIи зыдмыгъэгувэу сымаджэм узыфэм и мастэр хэтлъхьэну къыджаIащ. Узыфэр тэмэму къэсхутэу сабийм и чэзум дэIэпыкъуэгъу сызэрыхуэхъуфам хуабжьу сыщыгуфIыкIат. Сыщыуауэ къэзылъыта дохутырхэри иужьым къысщытхъужащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, сабийм и анэр сату IуэхукIэ ди къэралым и къалэ зыбжанэм щыIати, зыщIыпIэ узыр къыщыпкърыхьащ. Езыр сымаджэ хъуакъым, ауэ ипхъури яхэту цIыху зыбжанэ ицIэлат. Ди насыпти, узым зиубгъуну хунэмысу псынщIэу къызэтрагъэувыIауэ щытащ.
- Коронавирусыр къыщежьам узыфэр зэрышынагъуэр хэти и фIэщ хъууэ, хэти шэч къытрихьэу псалъэмакъхэр екIуэкIащ. ПIалъэ кIыхь хъуауэ узыр къытхэнауэ къыддекIуэкIми, абы теухуа хъыбархэр иджыри къызыпхагъэIукI. Фи деж кърашалIэ сымаджэхэм сыт хуэдэ еплъыкIэ яIэр?
- ЗэрыжыпIауэ, языныкъуэхэм узыфэр щымыIэу къалъытэ, адрейхэр абы егъэгузавэ, мэшынэ я щхьэкIэ зыгуэр къащыщIынкIэ, я благъэ-IыхьлыхэмкIэ хэщIыныгъэ яIэнкIэ. Хэти зыри къыфIэIуэхух-хэркъым, хэти егъэлеяуэ тэмакъкIэщIщ. Аращи, ди лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къищынэмыщIауэ, психолог, психиатр къалэнхэри дгъэзэщIэн хуей мэхъу. Нэхъыбэу къытхуашэ сымаджэхэр гукъыдэжыншэщ, къызэрызэфIэувэжхэу гуфIэу щIокIыж, я узыншагъэр зэтемыувэжыпами, узым псэууэ къыIэщIэкIащи. Госпита- лым къэса сымаджэм узыфэм теухуауэ сыт хуэдэ шэч ищIами, абы къыщекIуэкIыр и нэгу щIэкIа нэужь, ар зэрыщыIэр хьэкъ щохъу.
- Мадинэ, илъэсым нэблэгъауэ икъукIэ щытыкIэ гугъум фиту дохутырхэм фи лэжьыгъэр ивохьэкI. Псом хуэмыдэу фи IэнатIэр нэхъ хьэлъэ къыфщызыщIыр сыт?
- ЦIыхур узым къыщыпхуемыгъэлыр хуабжьу гухэщIщ, ар дыркъуэу дохутырым и гум къыто-нэ. Узыфэ шынагъуэм уи лэжьэгъу- хэр щыпIэщIихкIэ псэм игъэвыр псалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым. Узыр къыщежьа япэ лъэхъэнэм абы ихьащ ди центрым и медсест-ра Бозий Альбинэ. АпхуэдизкIэ ди гум щIыхьати, абы иужькIэ куэдым лэжьапIэм IукIыжыну мурад ящIащ. Зыри згъэкъуаншэркъым - дэтхэнэ-ми и щIыбагъ зытегузэвыхь и унагъуэр къыдэтщ, балигъыпIэ имыува сабийхэр зиIи яхэтщ. ЕтIуанэ лъэхъэнэм ди дохутырхэм хэщIыныгъэ нэхъыбэ яIащ. ЗэкIэлъхьэужьу дунейм ехыжахэщ Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу щыта, сэ лэжьапIэм сыкъэзыгъэува Ибрэхьим Борис, сабий дохутыр цIэрыIуэхэу Урысмамбэт Гъумар, Елъчэпар Хьэсэн сымэ. Центрым и реанимацэ къудамэм и унафэщIу лэжьа Эфендиевэ Мариерэ абы и щхьэгъусэ, хирург Iэзэ Ильясрэ ятеухуа хъыбар гуауэр гущIыхьэ зыщымыхъуа къытхэткъым. Щхьэж щылэжьа унэтIыныгъэм абыхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ, апхуэдэ IэщIагъэлIхэр зэрыдимыIэжыр къэрал псом дежкIэ хэщIыныгъэшхуэщ.
Щхьэхуэу и гугъу сщIыну сыхуейт Эфендиевэ Марие. Пщэдджы-жьым япэу сызыхуэзэр арат. Реанимацэм щIэлъ дэтхэнэ сымаджэми и Iуэху зыIутым щыгъуазэт, ахэр зэрыт щытыкIэ хьэлъэм къишыным и къару псори хуэгъэпсат. ЖыпIэ хъунущ цIыху къегъэлыным и гъащIэр тыхь хуищIауэ. Сымаджэхэр нэхъ мащIэ щыхъуа фокIадэ мазэм дызэхуэ-зат, итIанэ си Iыхьлы гъунэгъухэм коронавирусыр къащеуэлIам телефонкIэ дызэрыщIат. Си гум къинащ ди иужьрей зэхуэзэгъуэр, зэпсэлъэныгъэр. ИлъэсыщIэ хъуэхъухэр къытхуригъэхьат. Абы щыгъуэм псори дыгугъат мыгувэу Марие къытхыхьэжыну… Куэдым сыхуигъэсат икIи сыхуиущият. Ар зыцIыхуу щытахэм ди гум сытым дежи илъынущ.
- Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыххэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?
- Ди къудамэм къакIуэ ныбжьыщIэхэм зыпэрыхьэ Iуэхум теухуауэ сытым дежи псалъэмакъ ядызогъэкIуэкI. КъагурызогъаIуэ узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэ-щым щхьэхуэныгъэхэр зэриIэр. Хабзэ пыухыкIахэр щыIэщи, ткIийуэ абыхэм ятетын зэрыхуейр щажесIэкIэ, зыпэмыплъэхха щытыкIэ куэ-дым къызэрихутэнуми и гугъу яхузощI. Пэжыр жысIэнщи, куэдым зыщаIэжьэркъым, IэщIагъэм къыхуигъэщIахэрщ къанэр. Апхуэдэхэр ди гупым тыншу хозагъэ, зы унагъуэм хуэдэу, дызэкъуэту дызэдолажьэ. ЩIэныгъэм къыдэкIуэу, гугъуехьми зэрыпэщIэтын къару къыкъуэкIын хуейщ дохутырым.
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|
27.03.2024 - 13:58 Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I |
|
27.03.2024 - 12:25 Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх |
|
27.03.2024 - 09:03 (ГъащIэ теплъэгъуэ) |
|