Статьи на кабардинском языке

ТэнэиситIым я хъыбар

Псы Iуфэм щыпсэууэ щыта пасэрей адыгэхэм сытым дежи къэралыгъуэ яIащ. Абыхэм къалэ щIэращIэхэр яу­хуэрт, сату Iуэхушхуэхэм зэры­хэ­тым­кIэ дуней псом къыщацIыхурт. Тхы­-дэм къыхэна щIэныгъэр щыхьэт зы­техъуэ адыгэ къалэхэм ящыщщ Тэнэисыр (Танаис), алыдж зэрып­хъуакIуэхэм я дамэ щIагъэувауэ щы­-та мэуэт къалэр.

МЭЗЫМ ДЫЗЭРЫНЭСАР

Си цIыкIущхьэу зэрызысцIыхуж лъандэрэ мэзхэм, къуршхэм сыдахьэх. АтIэми, сызыIэпамышэнкIэ Iэмал яIакъым сыкъыщыхъуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэр къызыдэунэхукI тIуащIэ лъагъугъуафIэм и лъэныкъуитIымкIи ди анэм и дыщ Хьэтуей жылэу куэдрэ дыздишэжым ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхуеплъых джабащхьэ зэпыгъэщхьэхукIахэмрэ зыуфэбгъуа щхъуантIагъэм.

ТЕКIУАХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

Хабзэ зэрыхъуауэ, мэ­лы­жьыхьым и 30-м ягъэлъапIэ Урысейм МафIэсым пэщIэ­ты­нымкIэ и IуэхущIапIэм и махуэр. Ар къызэрызэрагъэ­пэщ­рэ илъэс 374-рэ, абы и къудамэ КъБР-м зэрыщыIэрэ илъэси 189-рэ ирокъу мы гъэм. А Iуэхугъуэхэм хуэгъэпсауэ ирагъэ­кIуэкIащ сабий творчествэмкIэ республикэ зэпеуэ.

ДЕПУТАТХЭМ ЗАУЭ IУЭХУ ХЭХАМ ХЭТХЭМ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

Дзэм къулыкъу щызыщIэхэу зауэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр нобэ КъБР-м и Парламентым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Хабзэубзыху IэнатIэм и депутатхэм абыхэм аргуэру хурагъэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ: гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм папщIэ дзэ Iуэхум хухэха щыгъынхэр, щыжейкIэ зыхуэныкъуэну хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщI куэди. 

ДЖЭГУАКIУЭШХУЭМ И ДУНЕЙ ТЕЛЪЫДЖЭ

Налшык къалэ админист­рацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и лэжьа­-кIуэ ЛIыIэщын Людмилэ зэ­фIих лэжьыгъэ дахэхэм ящыщщ адыгэ лъэпкъым и цIыху ­щэджащэхэр гъэ­лъэ­пIэныр, абыхэм ятеухуауэ зэIущIэ­хэр, дерс зэIухахэр, къэ­хутэныгъэ лэжьыгъэхэр еджа­пIэхэм ще­гъэ­кIуэ­кIы­ныр.

ЩIЭБЛЭМ Я ХУИТЫНЫГЪЭХЭМРЭ УНАГЪУЭ ЛЪАПIЭНЫГЪЭХЭМРЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Сабийм и хуитыныгъэ­хэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ. НыбжьыщIэхэм я къащхьэщыжакIуэм щIыналъэм и Iэтащхьэм и пащхьэ щищIащ 2022 гъэм зи пашэ IэнатIэм щызэфIаха лэжьыгъэхэмрэ дызэрыт лъэхъэнэмрэ ятеухуа доклад шэщIа. 

ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ПАЛАТЭМ ХЭТЫНУХЭР КЪЫХАХ

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ЩIалэ­гъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэ. Абы хыхьэну хуейуэ цIыху 50 щызэхуэсат хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм. 

САБИЙ ДЫГЪЭХЭМ ЯДОIЭПЫКЪУ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм мэлыжьыхьым и 3-м къы­щызэIуахащ «Уэшхым и цIыху» фестивалыр. Выставкэр къы­зэригъэпэщащ «Индиго» сабий центрым. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ «Кармо Арт» студием екIуалIэ, зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэ ­ныбжьыщIэ 40-м нэблагъэм я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Абы щыщу лэжьыгъэ 30-р ейщ илъэситI ныбжьым иту сурэт щIын щIэзыдза Иуаз Амир. 

СУРЭТЫЩI ГЪУАЗДЖЭМ ДИХЬЭХ АРТИСТХЭР

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм къызэригъэпэщри иджы­благъэ «Гранд-Кавказ» хьэ­щIэщым щекIуэкIащ «Арт» спектаклымрэ гъэлъэ­гъуэны­гъэм­рэ.

ГУЛЪЫТЭ ЗЫХУЭЩIЫПХЪЭ

Мэлыжьыхьым и 7-р Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ

1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр я узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке