|
Статьи на кабардинском языке
26 июля, 2018 - 08:29
КIуэкIуэ Ю. А. хэтащ Урысейм и МЧС-мрэ къэралым и щIыналъэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуа селектор зэIущIэм
26 июля, 2018 - 08:27
КъБР-м и Правительствэм бадзэуэгъуэм и 24-м щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и IуэхущIапIэхэр 2018 - 2019 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырынымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ Владимир.
24 июля, 2018 - 08:37
Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 104-рэ щрикъум ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж.
24 июля, 2018 - 08:36
Жылэтэж Сэлэдин сэрэ Арщыдан къуажэм дыкъыщыхъуащ, курыт еджапIэри къызэдэдухащ. Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ, жыхуаIэращи, пасэу тхэн щIидзат. Абы зэрыцIыкIурэ гущIэгъу хэлът. СощIэж Пионерым и махуэр дгъэлъапIэу Арщыдан мэз лъапэм дыщыIэу, зыми гу зылъыдмыта блэшхуэр башым фIэлъу къызэрихьар. ЯпэщIыкIэ дигугъащ абыкIэ хъыджэбз цIыкIухэр игъэщтэну арауэ.
24 июля, 2018 - 08:34
Кърымым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Республика Форос - 2018» зыфIаща дунейпсо щIалэгъуалэ форумым и 20-нэ зэхыхьэр. Абы хэтащ ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмкIэ Урысей академием (РАНХиГС) и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ институтым экономикэмкIэ, управленэмрэ правэмкIэ и факультетым и 2-нэ курсым и студенткэ Шихмагомедовэ Джулинэ.
21 июля, 2018 - 06:09
Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Байсултанов Одес бадзэуэгъуэм и 19-м Москва щригъэкIуэкIащ илъэс псом лажьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ «Iуащхьэмахуэ» курортым и инфраструктурэр къызэрагъэсэбэпым, илъэс гъунэгъухэм абы зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм ятеухуа зэIущIэ.
21 июля, 2018 - 06:08
КIуэкIуэ Ю. А. хуэзащ 58-нэ армэм и командующэ, генерал-майор Никифоров Е. В.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ Правительствэм и Унэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ 58-нэ армэм и командующэ, генерал-майор Никифоров Евгений.
21 июля, 2018 - 06:07
Гъэ кIуам и бжьыхьэ лъандэрэ Тырныауз къалэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Бахъсэн псым и жапIэр зэтес щIыным, ятIэпсхэр нэхъ къыщрихьэх щIыпIэм хуэзэу щаухуауэ щыта бетон кхъуафэр гъэкъэбзэным хуэгъэзауэ.
21 июля, 2018 - 06:06
Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.
ЗылI къимыгъащIэ сэ згъэщIами,
Сыт щыгъуи гъащIэр
си щIэщыгъуэщ.
КI. А.
21 июля, 2018 - 06:05
Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий бадзэуэгъуэм и 11 - 13-хэм Тулэ областым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ. Абы щIыгъуащ КъБР-м и Сату-промышленнэ палатэм хэтхэр, мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр, туризмэм пыщIа IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
Страницы
|