Акъсырэ МуIэед ягу къагъэкIыж

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, СурэтыщIхэм я урысей академием, СурэтыщIхэм я дуней- псо федерацэм щIыхь зиIэу хэта Акъсырэ МуIэед и лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ художникыр къызэралъхурэ илъэс 90 мазаем и 23-м зэрырикъуам и щIыхькIэ.
Зэрагъэпэщыжу къызэIуахыжа музейм и пэшхэр нэхъ хуит, екIу икIи нэху хъуами ярейуэ, абы щагъэлъагъуэ сурэтхэм гухэхъуэгъуэ ­къуатырт.
IуэхущIапIэм и унафэщI Рехмен Еленэ фIыщIэ яхуищIащ Акъсырэ МуIэед и къуэ Михаилрэ и нысэ Викториерэ, выставкэр къызэрагъэпэ­щы­нымкIэ дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэ­хъуам папщIэ.
- Акъсырэ МуIэед сцIыхуу щымы­тами, быдэу си фIэщ мэхъу ар цIы­хуфIу зэрыщытар. Абы щыхьэт то­-хъуэ художникым къыщIэна лэ­жьыгъэ куп­щIафIэхэр, щIыуэпсым и дахагъэр къыпхуэмыIуэтэну къыщигъэлъэгъуа и сурэт телъыджэхэр, и лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэ- хэр къы­зэ­рыщхэр, - жиIащ КъБР-м щэнхаб­зэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэ­дин гъэлъэгъуэныгъэр къы­щы­зэIуихым.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэ­ныгъэм и унафэщI Темыркъан Ген­надий игу къигъэкIыжащ я IуэхущIапIэр къыщызэIуахагъащIэм япэу хы­хьахэм Акъсырэр зэращыщыр икIи абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIар, МуIэед и Iэдакъэ къы­щIэкIа сурэтхэр нэгъуэщIхэм къазэ­рыхэпцIыхукI хъэтI, плъыфэ зэ­хэлъ­хьэкIэ зэриIар икIи зи лэжьэ­гъухэр, зи щIыналъэр фIыуэ зылъагъу цIыхуу ар игу къызэринэжар.
Акъсырэ Викторие фIыщIэ яхуи­щIащ музейм и лэжьакIуэхэм, выс­тавкэм зыкърезыгъэхьэлIа министрым, МуIэед и творчествэр, къыщIэна лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъу- хэм.
Музейм и выставкэ къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ къыхигъэщащ Акъсырэ МуIэед Къэбэрдей-­Балъкъэрыр, езыр къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэр фIыуэ илъагъуу зэ­рыщытар, республикэм и щIыуэпсым и дахагъэр къызэрыщ лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар, и сурэтхэм цIыхухэр еплъыху абы и фэеплъыр зэращымыгъупщэнур.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.