Статьи на кабардинском языке

ЗэтIолъхуэныкъуэхэм я илъэс 70

Къэхъун къуажэм щыщ Нэ­щIэпыджэхэ Анзоррэ Мозэрэ я унагъуэм илъэс 70 ипэкIэ, мэ­лыжьыхьым и 21-м, зэтIолъхуэныкъуэу зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ - Анзауррэ Риммэрэ - къихъуащ. Ахэр къыдэкIуэтеиху, къыщалъхуа махуэр зэдагъэлъапIэу ­къекIуэкIащ, дауи. Зэдэлъху­зэшыпхъур унагъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэ хъуа нэужь, зырызу ягъэлъапIэу яублащ я махуэр: Анзаур - гъатхэпэм и 21-м, Риммэ - 22-м.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Дзасэжь Хьэзрэталий

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталийрэ Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ ­Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарабутдинрэ.

Дунейм и щIыпIэ куэдым адыгэбзэмкIэ диктант щатх

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ илъэситI ипэкIэ ирагъэжьа «Адыгэ диктантым» мы гъэми пащащ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мы Iуэхугъуэр, адрей гъэхэми хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ ще­кIуэкIащ.

ТIэш Светланэ и IэщIагъэр и псэм хэлъщ

Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ иджыблагъэ.

Илъэсым кърикIуахэр къапщытэж

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэгъэув IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэр гъатхэпэм и 18-м ­иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ (онлайн мардэм тету).

КIуэкIуэ Казбек IущIащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хьэту Жамболэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м мэкъу­мэш хозяйствэмкIэ и ми­нистрым и япэ къуэдзэ Хьэту Жамболэтрэ гъатхэпэм и 17-м лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щызэхуэзащ. Ахэр теп­сэ­лъыхьащ республикэм и агропро­мышленнэ IэнатIэм ехьэ­лIауэ къэув къа­лэнхэр дэгъэкIа зэрыхъунум.

Дунейм щыхъыбархэр

Узыфэм зрамыгъэубгъун папщIэ
Чехием и Правительствэр егъэгузавэ коронавирус уз зэрыцIалэм я деж зэрызыщиубгъум икIи абы къыхэкIыу къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм хэкум исхэм къалэн ящищIащ цIыху зэхуэсыпIэхэм щыкIуэкIэ медицинэ нэкIуIупхъуэхэр тIуащIэу яIулъыну.

«Сыту фIы хуиту убауэу дунейм утетыну»

Совет Союзым и ЛIыхъужь, ге­нерал Кузнецов Георгий и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щы­гъуазэ хъуа дэтхэнэми игъэщIэ­гъуапэу жиIэнщ: «Мы цIыхум ­имыгъэунэхуауэ сыт щыIэ? МафIэ къыщIэнэри - исакъым. Хым щIэ­тIысыкIыу хуежьэри - итхьэлакъым. Биишэри зыбжанэрэ къы­лъэIэсат - къелащ. АтIэ аракъэ «на­сыпыфIэщ» жыхуаIэжыр...»

Иужь псалъэр иджыри жызымыIа Урыш Анзор

Бурятием и къалащхьэ Улан-Удэ тхьэмахуэ кIуам щекIуэкIа Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатым хуабжьу дыщыкIэлъыплъащ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм. Куэд дыдэ щIэхъуэпсырт Урыш Анзор абы ди къэралым зэи къыщымыхъуа ди нэгу щыщIигъэкIыну. Ар къехъулIэн папщIэ адыгэ щIалэр яхэхуэн хуейт медалхэм ящыщ зы зратынухэм.

Зэхуэзэ купщIафIэхэм пащэ

Хабзэ хъуауэ, «Урысеймэкъумэш­банкым» и лэжьакIуэхэр хьэщIэу яхуо­кIуэ ди республикэм и еджапIэхэм, ­сабий садхэм я гъэсэнхэм. НэхъапэIуэ­кIэ къыхалъхьауэ щыта «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъумэнщ» социально-экологие акцэм хиубыдэу, РСХБ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэм гу лърагъатэ дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр зэрыхъугъуэфIыгъуэ иным, ар хъумэн­ри дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке