КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Дзасэжь ХьэзрэталийКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталийрэ Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарабутдинрэ. ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэ-щIым и япэ къуэдзэ Мисиров Хъызыр, КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Сыжажэ Алимрэ Джэдгъэф Аслъэнрэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|