Дунейм и щIыпIэ куэдым адыгэбзэмкIэ диктант щатх

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ илъэситI ипэкIэ ирагъэжьа «Адыгэ диктантым» мы гъэми пащащ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мы Iуэхугъуэр, адрей гъэхэми хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ ще­кIуэкIащ. Адыгэбзэм и пщIэр къэ­Iэтын, лъэпкъым щыщхьэм анэ­дэлъ­хубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министерствэм, Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ДАХ-м къыхыхьэ хасэ­хэм.
егъэджэныгъэ акцэм ­ нэхъри зеубгъу, щIэщыгъуэ гуэрхэр къы­хыхьэу йокIуэкI. Ап­хуэдэу, 2021 гъэм пандемием дызригъэува щытыкIэм теухуауэ, «Адыгэ диктантым» и къызэгъэпэщакIуэхэм онлайн тхы­кIэр къыхагъэхьащ. А щIыкIэм тету, дэтхэнэ зыми ДАХ-м и ютуб-каналыр къызэIуихыу Iэмал иIащ унэм е лэжьапIэм щIэсу Iуэхугъуэм къы­хыхьэну.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ­КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрийрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Адыгэ диктантым» хэтыну къекIуэлIахэм гуапэу зы­хуагъэзащ. Ахэр къызэхуэсахэм ­ехъуэхъуащ Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ, фIыщIэ хуащIащ апхуэдэ жэрдэм зэращIам папщIэ икIи къыхагъэщащ мы Iуэхугъуэм лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ап­хуэдэу Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ сыхьэт 15-м щIадзэу диктантыр ­КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, къэрал 43-м щып­сэу адыгэхэм зэратхыр.
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм и пэш хуитышхуэм адыгэбзэмкIэ яхузэ­фIэкIыр къахутэну жэрдэм зыщIауэ мы махуэм кърихьэлIахэм яхэтт куэдым къацIыху жылагъуэ лэжьа­кIуэхэр, радио - тележурналистхэр, нэгъуэщIхэри. КъекIуэлIахэм фIэ­хъус гуапэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд икIи къыхигъэщащ Iуэхугъуэ екIуэ­кIыр адыгэбзэм и пщIэр къэIэты­нымкIэ куэду зэрыщхьэпэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым «Адыгэ диктантым» хэтыну къекIуэлIахэри мащIэтэкъым. Студентхэм ар езыгъэтха егъэджакIуэ Къардэн Олеся зэрыжиIэмкIэ, зыхэт Iуэхугъуэр лъэпкъ Iуэхуу зэрыщытым тригъэгушхуауэ, зэдаIыгъыу елэжьахэщ кърихьэлIахэр тхыгъэм.
КъБР-м и районхэм ит еджапIэхэми щатхащ мы махуэм диктантыр. ЕджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм нэ­мыщI, абыхэм къекIуэлIащ хъыба­рыр зыIэрыхьа, Iуэху щхьэпэм хэтыну гукъыдэж зыщIа къуажэдэсхэр. Лъэпкъ Iуэхум жыджэру хэтащ къалэ, район администрацэхэм я уна­фэщIхэр, къулыкъущIапIэхэм я лэ­жьакIуэхэр. Апхуэдэу, Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мам­хэгъ Хьэчим къалэ еджапIэхэм языхэзым диктантыр щитхащ еджа­кIуэ цIыкIухэм ящIыгъуу классым щIэсу.Налшык къалэ дэт гимназие №4-м и унафэщI Нэгъуей Риммэ анэдэлъхубзэмкIэ диктант тхынымкIэ и зэфIэкIхэр къигъэлъэгъуащ и еджакIуэ цIыкIухэм я гъусэу.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхыхьэ хасэхэр зэхэт щIыпIэ куэдми къы­щызэрагъэпэщат мы Iуэхугъуэр. Апхуэдэу Тыркум щыIэ КАФФЕД федерацэм щыщ хасэхэм «Адыгэ диктантыр» къыдаIыгъащ хэкурыс­хэм. Онлайн щIыкIэу абы хэта нэужь, ДАХ-м и электрон пощтым кърагъэхьащ ди къэралым щыпсэухэм нэмыщI, дуней псом щикъухьа адыгэхэм я лэжьыгъэ куэд. Анэдэлъ­хубзэмкIэ я зэфIэкIыр зэхуэмыдэми, дэтхэнэри тезыгъэгушхуэ къару хэлъщ мыбы - зэгъусэу лъэпкъ Iуэху зэрыхэтыр, адыгэбзэр хъумэныр псоми я къалэну зэрыщытыр зэ­рызыхащIэр.
Ди къэралым и кIуэцIкIэ хуабжьу жыджэру мы Iуэхугъуэм хэтащ адыгэ щыпсэу щIыналъэ зыбжанэ.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алии щIыналъэ зыбжанэм щригъэкIуэкIащ диктантыр икIи абы хэтыну гупыж зыщIахэр мащIэтэкъым. ЕджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зэгъусэу зы Iуэху щыхэткIэ, абыхэм къагуроIуэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр, цIыхум и гъащIэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр.
ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, Ставрополь къалэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ дэгъуэу къызэригъэпэщат а къалэм щрагъэкIуэкIа диктантыр. Адыгэбзэм хуащI гулъытэр къагъэлъагъуэу, зыхэс лъэпкъым хэмышыпсы­хьы­жыныр я гуращэу щIалэгъуалэри нэхъ ныбжь зиIэхэри Хасэ хэщIапIэм щызэхуэсри, тхыгъэмкIэ я зэфIэкI­хэр къагъэлъэгъуащ.
Мэдзэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хьэбы­тIэ Вячеслав жыджэру зыхэ­лэ­жьыхьа мы Iуэхугъуэм хэтащ цIыху 40-м щIигъу. Мэздэгу къалэм щызэхаубла «Адыгэ диктантым» кърихьэлIат школакIуэ цIыкIухэри нэхъыжьыфIхэри. Лъэпкъыбзэр ­хъу­мэ­ным иIэ мыхьэнэр куууэ зыхэ­зыщIэ нэхъыжьыфIхэр щIа­лэ­гъуа­лэм еущияхэщ анэдэлъхубзэр IэщIыб ямыщIыну.
«Адыгэ диктантым» и хъыбарыр ялъэ­Iэсат Москва дэс адыгэхэми. Абы щылажьэ «Черкесия» къэфа­кIуэ гупым и гъэсакIуэ Шорэ Анзоррэ адыгэбзэмкIэ курсхэм я егъэджа­кIуэ БжьыхьэлI Маринэрэ гупыж ящI­ри, диктаныр щатхащ а къалэми.
ДАХ-м иригъэжьа мы Iуэхугъуэр цIыхухэм зэлъащIысын папщIэ интернет, телевиденэ, радио Iэмалхэр къэгъэсэбэпын хуейт. Мыбы и лъэ­ныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэ­кIуэкIащ ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэтхэу Шыбзыхъуэ Юрэрэ Бо­рэ Елдаррэ. Бэджыдэ Елдар три­ха видео къыхуеджэныгъэхэр куэду цIыхухэм ягу ирихьащ, икIи Iуэ­хур щыгъуазэ щIынымкIэ сэбэ­пышхуэ хъуащ.
Хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ Ду­нейп­со Адыгэ Хасэм и закъуэ къарукIэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр къызэ­ремыхъулIэнур. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и щIыналъэхэм щыIэ егъэ­джэныгъэмкIэ управленэхэм лэ­жьыгъэшхуэ зэрызэфIахар акцэм теухуауэ цIыхухэм хъыбар яIэрыгъэхьэнымкIэ, хэтыну гукъэкI зыщIахэм ар щатхыну щIыпIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ. Апхуэдэу, си гуа­пэщ я цIэ къисIуэну Бахъсэн щIыналъэм щыщ Ло Иринэрэ Даур Мадинэрэ (мы щIыналъэм цIыху 3173-рэ хэтащ); Тэрч щIыналъэм - Хьэгъур Светланэ, Аруан щIы­налъэм - Балъкъэр Альбинэ, Шэ­джэм щIыналъэм - Дудар Маринэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэм - Псэ­ныкъуэ Iэминат, Налшык къалэм ЛIы­Iэщын Людмилэ сымэ.
Дунейпсо Адыгэ диктантым кърикIуахэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр хэплъэжынущ икIи нэхъ къыхэжаныкIахэр ДАХ-м и Хасащхьэу Налшык мыгувэу щызэхэтынум ирагъэблэгъэнурэ абы щагъэ­лъэпIэнущ. Iуэхугъуэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэ электрон сертифи­кат­хэр гупыж зыщIхэм Iэрагъэ­хьэ­жынущ.
Ди гугъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэжьа Iуэху дахэм адэкIи зиубгъуну. Адыгэбзэр хъумэным, щIэб­лэм яIурылъхьэным, хабзэм щIэпIы­кIыным ехьэлIауэ дэтхэнэ цIыхуми и пщэ къыдэхуэ къалэныр игъэзащIэу дызыхэт зэманым хэпсэукIыфмэ, лъэпкъми лей къытехьэнкъым.

ЩОДЖЭН Iэминат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.