Зэхуэзэ купщIафIэхэм пащэ

Хабзэ хъуауэ, «Урысеймэкъумэш­банкым» и лэжьакIуэхэр хьэщIэу яхуо­кIуэ ди республикэм и еджапIэхэм, ­сабий садхэм я гъэсэнхэм. НэхъапэIуэ­кIэ къыхалъхьауэ щыта «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъумэнщ» социально-экологие акцэм хиубыдэу, РСХБ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэм гу лърагъатэ дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр зэрыхъугъуэфIыгъуэ иным, ар хъумэн­ри дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытым.
ЩIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм епха Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIын мура­дыр яIэу, РСХБ-м КъБР-м щиIэ IэнатIэм корпоратив сату лIэужьыгъуэмкIэ и къу­дамэм и унафэщI Егъэн Ислъамрэ банкым Нарткъалэ щиIэ къудамэм и пашэ Хьэбжокъуэ Алимрэ иджыблагъэ щыIащ а къалэм дэт «Нэмыс» сабий садым. ХьэщIэхэр цIыкIухэм яхутепсэлъыхьащ щIыуэпсым и мыхьэнэмрэ ар хъумэн зэрыхуеймрэ.
- ЦIыкIухэ, дыкъэзыухъуреихь дуней ­дахэмкIэ Тхьэр къытхуэупсащи, абы и ­къабзагъэр хъумэныр ди къалэнщ дэтхэ­нэми. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым цIыхур езыр а щIыуэпсым и Iыхьэу зэ­рыщытыр, ар гурэ псэкIэ зыхэтщIэмэ, абы къытхуигъэтIылъ хъугъуэфIыгъуэ псори нэсу къэдгъэсэбэпыфынущ, - къыхигъэщащ къыщыпсалъэм Егъэн Ис­лъам. - Фи гъэсакIуэхэм къызэрыджа-IамкIэ, фэ фIыуэ фолъагъу щIыуэп­сыр: ар пхъэнкIий идзыпIэ фщIыркъым, жыг къудамэхэр къыпызыщIыкIхэм, удз гъагъэхэр зэрыт утыку цIыкIухэр зыутэхэм фа­щыщкъым. Хуабжьу ди гуапэщ ар.
А псалъэ гуапэхэр зэхэзыха сабийхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ хьэщIэхэм я пащхьэм. Ахэр усэ цIыкIухэм къеджащ, уэ­рэдхэр жаIащ, теплъэгъуэ кIэщIхэр ягъэлъэгъуащ. ЩIыуэпсым теухуа къуа­жэхьхэр къэщIэным яфIэхьэлэмэту хэтащ банкым и IэщIагъэлIхэри. Дэтхэнэми ­иIэт а махуэм ирихьэлIэу ищIа сурэтыр, щхъуантIагъэ дахэ гуэр зэрытыр.
Апхуэдэу щIыуэпсым цIыху гъащIэм ­щиубыд увыпIэмрэ ар хъумэн зэры­хуеймрэ тепсэлъыхьа нэужь, абыхэм ­сабийхэм хуагуэшащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и логотипыр, РСХБ хьэрфхэр зытет икIи щIыгулъ зэрылъ кхъуэщын ­цIы­кIухэмрэ абыхэм хасэну удз лIэужьы­гъуэхэм я жылэхэмрэ. ХьэщIэхэр я дэIэ­пыкъуэгъуу сабийхэм хасащ жылэхэр.
- ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу, ар зы­хъумэфыну щIэблэ къызэрытщIэхъуэм-кIэ гугъэфIхэр диIэ мэхъу, ди банкым и IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм щыгъуазэ зыщыхуэтщIкIэ, - и нэIэм щIэтхэм зэфIах лэжьыгъэмкIэ арэзыуэ жеIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Сокъур Алим. - Гу зэIухакIэ щIыуэпсым хущыт а сабийхэм къэзыу­хъуреихь дунейм папщIэ жэуаплыныгъэ зыхэзыщIэ цIыху щыпкъэ, хэкупсэ ­къа­зэрищIыкIынум шэч хэлъкъым.

КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.