КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм щыщу Хэку зауэшхуэм хахуэу хэтахэм я унагъуэхэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм икIыу Хэку зауэшхуэм кIуахэм ящыщу цIыху 40-м къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щаритыжа зэIущIэ.
ТекIуэныгъэ Иныр къахьу илъэс 76-рэ дэкIыжа нэужь унагъуэхэм яIэрыхьэжащ Урысей Федерацэм и Президентым и Iэ зыщIэлъ дэфтэрхэр, я Iыхьлыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм щыхьэт техъуэхэр.
Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирагъэхьэлIат зэIущIэри, КъБР-м и Iэтащхьэр гуапэу ехъуэхъуащ къызэхуэсахэм икIи къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зауэлIхэм я хахуагъэр, Хэкур зэрахъумар щIэблэм зэи зэращымыгъупщэнур икIи зи псэ емыблэжахэм я фэеплъыр гъэлъэпIэным хуэгъэза лэжьыгъэр дяпэкIи зэрырагъэкIуэкIынур.
Дамыгъэ лъапIэ иратыжахэм яхэтщ Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэм, Вагъуэ Плъыжь орденым, «И хахуагъэм папщIэ», «Сталинград зэрахъумам папщIэ», «Ленинград зэрахъумам папщIэ», «Кавказыр зэрахъумам папщIэ», «Совет Заполярьер зэрахъумам папщIэ», «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием дызэрыщытекIуам папщIэ» медалхэм я тхылъхэр.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур, Iуащхьэмахуэ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Залиханов Къанщобий, Бахъсэн къалэ округым и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим, зауэхэм я ветеранхэр, муниципалитетхэм я щIалэгъуалэ, дзэ-хэкупсэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм дамыгъэхэр щратыжащ:
Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр - гвардием и рядовой Щтым Къэралбий Цу и къуэм;щыхьэт тхылъхэр:
Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэмрэ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ - гвардием и сержант нэхъыжь ФызыкIэ Нурий МутIалиб и къуэм;
«И хахуагъэм папщIэ» медалым - лейтенант нэхъыщIэ Амщыкъуэ Чэрим Батырбэч и къуэм;
«Сталинград зэрахъумам папщIэ» медалым -красноармеец Абазэ Данил ХьэкIашэ и къуэм, красноармеец Iэпщэ Мустэфар Хьэнахъуэ и къуэм, красноармеец Джэтауэ Зариф Уэлий и къуэм, рядовой Дыкъынэ Бац ТIатIурэ и къуэм, рядовой Жанэ Талим Хъызыр и къуэм, красноармеец Къалмыкъ Даут Дзадзу и къуэм, красноармеец Мэзэшокъуэ Хьэлий Лац и къуэм, гвардием и старшина Мамхэгъ Алий Хьэжмурзэ и къуэм, рядовой Мырзэкъан Зулъкъарней Хьэжмусэ и къуэм, гвардием и красноармеец Отаров Адрахьман Сарамурза и къуэм, красноармеец Сэбаншы Башир Джэху и къуэм, рядовой Сыжажэ Мухьэмэд Езауэ и къуэм, рядовой Сыжажэ Талий Къасым и къуэм, рядовой Тэтэр Цицэ Къэралбий и къуэм, старшина УнащIэ Хьэбыж ТIутIэ и къуэм, красноармеец Факъуэ ФуIэд Шухьиб и къуэм, гвардием и рядовой Хьэмырзэ Башир ФIыцIэ и къуэм, гвардием и рядовой Хьэмырзэ Кашиф Дэгызэ и къуэм, красноармеец Хьэтэжьыкъуэ Iэуес Мелэ и къуэм, гвардием и сержант нэхъыщIэ Хьэтэжьыкъуэ Хьэбалэ Хъызыр и къуэм, красноармеец Хьэщэ Мухътар Мыхьэмэт и къуэм, сержант нэхъыщIэ Хьэшкул Мусэ Машэ и къуэм,
«Сталинград зэрахъумам папщIэ», «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием дызэрыщытекIуам папщIэ» медалхэм - рядовой Дыкъынэ Iэбу ТIатIурэ и къуэм, рядовой Мырзэкъан Мызэ Iэсхьэд и къуэм, рядовой Нэхущ СулътIан Кургъуокъуэ и къуэм, рядовой Нэхущ Тобий Айтэч и къуэм, рядовой Нэхущ Хьэсэн Алий и къуэм, рядовой Щауэ Хьэмид Хъерлы и къуэм,
«Сталинград зэрахъумам папщIэ», «Ленинград зэрахъумам папщIэ» медалым - Кумыщ Нун Исуф и къуэм;
«Сталинград зэрахъумам папщIэ», «Кавказыр зэрахъумам папщIэ» медалхэм - сержант Ует Джылахъстэн Зуфир и къуэм, красноармеец Тэтэркъан Мысост Хьэпагуэ и къуэм, красноармеец ЩхьэщэмыщI Мухьэмэд Хьэжджэрий и къуэм,
«Кавказыр зэрахъумам папщIэ» медалым -красноармеец Дыкъынэ Екъуб Мэзан и къуэм, гвардием и сержант Есэнокъуэ Исуф Еджэрыкъуэ и къуэм, красноармеец Отаров Сеит Исмэхьил и къуэм, красноармеец Хьэмырзэ Мурат Ушэ и къуэм,
«Совет Заполярьер зэрахъумам папщIэ» медалым – ефрейтор Зэгъэщтокъуэ Сэлим Сэлихь и къуэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)