Бзэр кIуэдыркъым, абы иримыпсалъэрщ кIуэдыр

Дуней псор зэщIэзыщта пандемием цIыхухэр зэхэмыхьэу унэм зэрыриубыдам ещхьу, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми я лэ­жьыгъэр яхуемыгъэкIуэкIыу къызэтригъэувыIащ, шэщIауи къа­хузэмыгъэпэщ ищIащ. ХьэтIохъу­щокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм утыку кърихьэ лэжьыгъэхэр, COVID-19 узыфэм и ягъэкIэ пэIудзауэ иригъэкIуэкIын хуей хъуами, щIэупщIэ яIэр нэхъ кIащхъэ хъуакъым, джэгурэшхэр, бэрэIущ зэныкъуэкъухэр, тхыгъэ зэпеуэхэр онлайн Iэмалхэр хэлъу зэхешэ. Апхуэдэу, Iуэтэж тхыным теухуауэ хамэщI щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, гупсысакIуэ цIэрыIуэ Натхъуэ Къадыр и цIэкIэ къызэрагъэпэща зэпеуэр пэIудзауэ иригъэкIуэкIащ. Зэпеуэм щытекIуа­хэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ я ГъэфIэж пшыхьыр иджыблагъэ Адыгэбзэ Хасэм и Унэм ще­кIуэкIащ.
Нэхъ пасэу ди газетым хъыбар зэрытетащи, мы зэпеуэр Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIами, ар къы­хэзылъхьар Хэку гъэзэжынымкIэ Адыгэ Хасэрщ, Канадэм щыIэрщ. Iуэхугъуэ дахэр бзэр лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщым щІалэгъуалэм гу лъегъэтэным, абы пщIэ хуэщIын, хуэсакъын икIи ихъумэн зэрыхуейр гурыгъэIуэным, сыт хуэдэ щытыкIэ имыхуами, анэдэлъхубзэкIэ псэ­лъэ­ныр, гупсысэныр, тхэныр, еджэныр пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр и фIэщ ищIыным хуэунэтIат.
КъищынэмыщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм мыхьэнэшхуэ иратырт щIэблэр тхэным тегъэгушхуэнми. Къапщтэмэ, гупсысэр нэхъыбэу къызыпкърыкIар иужьрей илъэсхэм лъэпкъ литературэм къыхыхьэ щIалэгъуалэр зыхэпщIэу мащIэ зэрыхъуарщ, къалэмыр адыгэбзэкIэ зыгъабзэхэр зэрыхэщIырщ. ЖыпIэнуращи, щытыкIэ мыщхьэпэр къызэнэкIыным хуэгъэпсат зэпеуэр.
Зэпеуэр зэрекIуэкIын хуей Хабзэм ипкъ иткIэ ныбжьыщIэхэм Iуэтэжыр щатхкIэ къэлъытэн хуейуэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэт: зэрытха бзэр, къызэрыIуэта щIыкIэр, гупсысэр куу зэрыщIа хэкIыпIэхэр, фIэщыгъэмрэ текстымрэ зэрызэхуэкIуэр, художественнэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпар, нэгъуэщIхэри. Ди ­гуа­пэ зэрыхъунщи, къыщыха­дзам деж щымыужьыхыжу къыпащэнкIэ ущыгугъ хъуну утыкум тхыгъэ хъарзынэхэр къралъхьащ. ФIым я фIыжхэр къыхэпхыну гу­гъуу къыщIэкIами, а Iуэхугъуэр зи пщэ дэлъа къэпщытакIуэхэр тхыгъэхэм щыхэплъэм, зэпеуэр зэрекIуэкIыну хабзэм и мардэхэм тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зэрытетам ткIийуэ кIэ­лъыплъащ.
Зэпеуэм къыхыхьахэр ныбжькІэ зэщхьэщыгъэкІат.
♦курыт еджапIэм щеджэу зи ныбжьыр илъэс 14 - 17-м ит еджа­кIуэхэмрэ (псори зэгъусэу тхыгъэ 15 къагъэхьат);
♦курыт еджапIэр къаухауэ, адэкIэ еджэу е лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту зи ныбжьыр илъэс 25-м щІи­мыгъу щІалэгъуалэмрэ (псори зэхэту лэжьыгъэ 11 къыхэкIащ).
Курыт еджапIэм щIэсхэм я унэ­тIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ:
Щоджэн Самирэ, Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэ. Самирэ япэ увыпIэр къихьащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Лыхь Людэщ.
Бахъсэн Адэлинэ, Бахъсэн къалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэ. Адэлинэ етIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Лосэн Жаннэщ.
Къущхьэбий Камилэ, Налшык къалэ дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Камиллэ ещанэ увыпIэр къылъысащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Къанло Эльбинэщ.
Курыт еджапIэр къэзыухауэ Iэ­щIагъэрэ лэжьыгъэм пыщIа ­хъуа ныбжьыщIэхэм я унэтIыныгъэм щытекIуащ:
КъуэщIысокъуэ Елдар, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и 3-нэ курсым щоджэ, япэ увыпIэр къихьащ.
Быхъурэ Камилэ, Бэрбэч Хьэ­тIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и ­къудамэм и 4-нэ курсым щоджэ, етIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ.
Тэтэр Аминэ, Къуэшыркъуей къуа­жэ дэт ЩэнхабзэмкIэ Унэм и лэ­жьакIуэ-къызэгъэпэщакIуэщ, еща­нэ увыпIэр къылъысащ.
Iуэтэжым балл пщалъэ иIэу ухэп­лъэныр, уасэ хуэпщIыныр къы­зэ­рымыкIуэу хьэлъэщ. Тхыгъэм и бзэр зэгъэпэщауэ щыт пэтми, къэлъытэн хуейт ар зи IэдакъэщIэкIым и гупсысэм и къэухьри, къигъэсэбэп Iэмалхэри, псалъэр зэрызэIуищэ щIыкIэри. Тхыгъэ къыхэкIахэм къа­гъэлъэгъуащ лъэпкъ литерату­рэм и кIуэцIкIэ зыкъыщызыIэтын IуэхугъуэщIэхэр зэрыщыIэр, ахэр зэпкърыхыным щIалэгъуалэр тегъэгушхуэн хуейуэ къызэрытпэщылъыр. Зэпеуэм къыхэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэр дяпэкIэ Адыгэбзэ Хасэм Фейсбукым щиIэ и на­пэкIуэцIым кърагъэувэнущ, щIалэгъуалэм я гупсысэкIэр зыхуэдэм, къызэщIиубыдэр зыхуэдизым хэти зыщигъэгъуэзэну Iэмал иIэнущ.
ГъэфIэж пшыхьым кърихьэлIащ Хэку гъэзэжынымкIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэу Къат Дибрэ ХьэщIэма­хуэ Дариерэ. Зи кIэн къикIа ныбжьыщIэхэм абыхэм псалъэ гуа­пэ­кIэ зыхуагъэзащ, лъэпкъым и къэкIуэныр я Iэ зэрилъыр, анэдэлъ­хубзэм и щыIэныгъэр абыхэм зэрелъытар къыхагъэщащ.
Къыхэгъэщын хуейщ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа ныбжьыщIэхэм къадэIэпыкъуа егъэджакIуэхэри ­гулъытэншэ зэрымыхъуар. ФIыщIэгуапэ тхылъхэм къадэкIуэу, адыгэбзэр щрагъэдж пэшым щхьэкIэ егъэ­джакIуэхэм тыгъэ хуащIащ адыгэ сурэтыщI Црым Руслан и Iэдакъэ къыщIэкIа, и сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIа «Нартхэр» зи фIэщыгъэ тхылъ фафIэшхуэр. Тхылъым къы­зэIуих дунейр сурэтыщIым и гузыхэщIэм къигъэщIами, лъэп­къым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыт нарт тхыдэжьхэм хэти зыщигъэгъуэзэну Iэмал иIэ мэхъу.
ЗэIущIэр гуапэу екIуэкIащ. КърихьэлIа дэтхэнэми и Iуэхур къыдэ­хъуу, и гурылъ дахэхэр къехъулIэу, и бзэм, и лъэпкъым щхьэкIэ пщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ лэжьыгъэфIхэр зэфIахыу дунейм тетыну дахуохъуа­хъуэ!

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.