|
|
Статьи на кабардинском языке
4 марта, 2023 - 06:25
КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, Урысейм и Абстракционистхэм, «Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэ» творческэ жылагъуэ союзхэм хэт Къанокъуэ Руслан и сурэт гъэлъэгъуэныгъэу мазаем и 7-м Лъэпкъ къэрал музейм къыщызэIуахам щыIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и унафэщIхэмрэ абы хэтхэмрэ.
4 марта, 2023 - 06:25
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлI зыбжанэ и гъусэу Шэджэм район сымаджэщым и поликлиникэм сымаджэхэм я узыншагъэр къыщипщытащ. Ахэр яхуэзащ цIыху 87-м, дэтхэнэми и щытыкIэм зыщагъэгъуазэри, чэнджэщ щхьэпэхэр иратащ.
4 марта, 2023 - 05:54
1980 гъэхэм Налшык щыпсэухэмрэ республикэм и щыхьэрым и хьэщIэхэмрэ яфIэфIу кIуэуэ щытащ Лениным и проспектым тета «Гренада» кафем. Ар цIэрыIуэ зыщIар хэт и дежкIи (ахъшэ зи куэдми, зи мащIэми, студентхэми) зэIухауэ зэрыщытым и закъуэтэкъым, атIэ щагъэхьэзыр ерыскъыхэм я IэфIагъырт. Абыхэм ящыщт 6-нэ разряд зиIэ пщафIэ КъэлакIуэ Лидэ.
3 марта, 2023 - 06:03
Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыпIэ дахащэхэу нэхъ удэзыхьэххэм ящыщщ Фыщт Iуащхьэжьым и Iэхэлъахэр.
3 марта, 2023 - 06:03
Адыгэр къызэригъэщIрэ и пIэм имыкIауэ и хэкум исыжщ, и хабзэмрэ бзэмрэ нобэм къихьэсауэ. Тхыдэм и кIыхьагъкIэ, ди лъэпкъыр хы Iуфэм Iусащ, сыт хуэдэ зэрыпхъуакIуэ къытемыуами хэт и дамэ лъабжьэ щIигъэувэну хэмытами и гущэпкъыр имыбгынэу, гугъуехьми мафIэми пимыкIуэту.
3 марта, 2023 - 06:03
Адыгэ къэрал университетым и «Нарт» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 35-рэ ирикъуащ. А пIалъэм къриубыдэу къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Ансамблым зыкъыщигъэлъагъуэр Адыгэ Республикэм и закъуэкъым, атIэ Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыIащ, апхуэдэуи хамэ къэралхэм щитащ концерт.
3 марта, 2023 - 06:03
Япэ урысейпсо каналым къызэригъэпэща «Голос. Дети» проектым 20I7 гъэм телъыджэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа икIи етIуанэ увыпIэ къыщызыхьу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я «вагъуэ цIыкIу» хъуауэ щыта уэрэджыIакIуэ Хекилаевэ Денизэ нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэм ди гуапэу я гугъу фхудощI.
2 марта, 2023 - 06:03
Япэ дыдэу цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэсын щIадзауэ щытащ тэтэрхэмрэ монголхэмрэ тепщэу щыщытам. Абы и щхьэусыгъуэри налог къыхэхынырт.
XV - XVI лIэщIыгъуэхэм цIыхухэр къызэрыхабжыкI тхылъ щыIэт. XVII лIэщIыгъуэм налог къызэрыхах IэмалыщIэ къаублащ - пщIантIэ къэс техуэр итын хуейуэ. Абы еджэрт «пщIантIэ къыхэтхыкIкIэ» («подворная перепись»).
2 марта, 2023 - 06:03
ЗэгурымыIуэныгъэмрэ зэныкъуэкъумрэ пщызыгъэгъупщэ нэщIэбжьэ къыщыхъуащ Тыркум. Дуней псор щыхьэт техъуащ щIыуэпсыр дэ нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъэщым, цIыху цIыкIур зэрымахэм. ЩIыхъейр мыужьыхауэ, къытрегъазэ, мин бжыгъэкIэ абы ихьа гъащIэм къыхигъахъуэу. ЩIэныгъэлIхэр хуэхьэзырщ щIыхъейм кърикIуэнкIэ хъуну псыдзэм, ауэ сыт епщIэнур щIыпIэ-щIыпIэкIэ Тыркум и щIыр зэрыщыпхыщэтым?
2 марта, 2023 - 06:03
Гиннессым и рекордхэм я Тхылъыр
Гиннессым и дунейпсо рекордхэм я тхылъым и цIэр хэт зэхэзымыхар! Ауэ, дуней псом къыщыхъу рекордхэр зэхуэпхьэсурэ Тхылъым иптхэн гупсысэ гъэщIэгъуэным къежьапIэ хуэхъуар куэдым къыбжаIэфыну къыщIэкIынукъым. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, пивэ цIэрыIуэм и маркэмрэ рекордхэм я тхылъымрэ сыту пIэрэ зэхуаIуэхур?
Страницы
|