|
Статьи на кабардинском языке
22 июня, 2021 - 06:34
Мэкъуауэгъуэм и 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм щагъэлъэпIащ медицинэм и лэжьакIуэ 30 хуэдиз. ФIы и лъэныкъуэкIэ зыкъэзыгъэлъэгъуа дохутырхэм, фельдшерхэм, медсестрахэм, лаборантхэм хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр яритащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
22 июня, 2021 - 06:31
«Урысей зэкъуэт» партым Москва къалэм дыгъуасэ щригъэкIуэкIа ХХ съездым хэтащ КIуэкIуэ Казбек и пашэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа делегацэр.
Урысейм и Президент Путин Владимир Владимир и къуэм «Урысей зэкъуэтым» и съездым къыщипсэлъар ди республикэм и Iэтащхьэм а зэхыхьэшхуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къилъытащ.
21 июня, 2021 - 06:46
Зэман гугъущ дызыхэпсэукIыр. Дунейм и щыIэкIэм, цIыхухэм я къызэрыгуэкI псэукIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ пандемием. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтынымкIэ гугъуехь нэхъыбэ зи фэм дэкIыр медицинэм и лэжьакIуэхэрщ. Апхуэдэу щытми, я къару емыблэжу абыхэм я къалэныр ирахьэкI, нэгъуэщI узыфэ шынагъуэ куэдми еIэзэу.
21 июня, 2021 - 06:43
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Жылэ Къантемыр и «GOgen» студием и гъэсэнхэм я сурэтхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ Жылэ Къантемыр илъэс зы-тIум къриубыдэу зыдэлэжьа гупым я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр. Абы яхэтщ мазэм къыщыщIэдзауэ илъэситIым нэблагъэкIэ студием екIуалIэхэр. Сурэт щIыным дихьэххэм я ныбжьыр илъэси 7-м щегъэжьауэ илъэс 80-м ноблагъэ.
21 июня, 2021 - 06:41
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил Урысейм и махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гуапэ иригъэкIуэкIащ, цIыхур мафIэсым къезыгъэлахэр гъэлъэпIэным теухуауэ.
21 июня, 2021 - 06:38
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий ведомствэм и медико-санитар частым и лэжьакIуэхэм яритащ Урысей Федерацэм и МВД-м, КъБР-м щыIэ МВД-м я фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр.
21 июня, 2021 - 06:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ хабзэр хъумэныр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым я зэIущIэ.
20 июня, 2021 - 07:03
Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр мы гъэм зратахэм ящыщщ оперэ уэрэджыIакIуэ Герзмавэ Хиблэ.
Ар Пицундэ къалэм къыщалъхуащ. А щIыналъэм и дахагъэм сыткIи хуэфэщэн теплъэрэ макърэ зиIэ Хиблэ «дыщэнэщ» и цIэм къикIыр, ауэ дыщэр зыхуэхьыпхъэр и макъыр арагъэнщ, дунейм цIэрыIуэ щызыщIар аращи.
19 июня, 2021 - 06:55
Хасэмрэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэмрэ
18 июня, 2021 - 06:55
Дуней псор иджыри къэс зыгъэгулэз коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ нэгъабэ ягъэIэпхъуащ Iуэху щхьэпэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ спорт зэхьэзэхуэ инхэу зэхэтын хуея Европэм футболымкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэмрэ Токио щыIэну зытраухуа Гъэмахуэ Олимп джэгухэмрэ. Дызыпэмыплъа икIи хэщIыныгъэшхуэ къыдэзыта къэхъукъащIэ угъурсызыр мащIэу текIуэта хуэдэщ.
Страницы
|