IэщIагъэлI нэсхэр

Зэман гугъущ дызыхэпсэукIыр. Дунейм и щыIэкIэм, цIыхухэм я къызэрыгуэкI псэукIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ пандемием. Коронавирус узыфэ зэры­цIалэм пэщIэ­ты­нымкIэ гугъуехь нэхъыбэ зи фэм дэкIыр медицинэм и лэжьа­кIуэ­хэрщ. Апхуэдэу щытми, я къару емыблэжу абыхэм я къалэныр ирахьэкI, нэгъуэщI узыфэ шынагъуэ куэдми еIэзэу. Уигъэгужьейуэ зэрымыщIэкIэ узыр къыщыпхукъуэкIкIэ, уи гур здэжэр дохутырхэм я дежщ, а щытыкIэ хьэлъэм укърашы­нымкIэ ахэр уи плъапIэу. Абыхэм я лэжьыгъэри зэ­фIэкIри зыхуэдэр иджыблагъэ згъэунэ­хуащ. Медицинэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу сыхуейт абыхэм фIыщIэ, щытхъу псалъэхэр яхужысIэну.
Ныбжь зиIэ куэдми хуэдэу, сэри лъы дэуейм (давленэм) сыкъыхегъэзыхь. Пщэдджыжь гуэ­рым си сэмэгурабгъу лъэныкъуэр иубыдауэ, си Iэмрэ си лъакъуэмрэ схуэмыгъэхъейуэ, си псэлъэкIэми зэхъуэкIыныгъэ гуэр игъуэтауэ гу зылъыстэжащ. Си Iыхьлыхэм дохутыр къысхураджащ. Зи­мыгъэгувэу къэсащ «ДэIэпы­къуэгъу псын­щIэр». Фельдшер ­Къуэжей Дианэ си­ давленэр къипщри, ар 240/120-м нэсу дэ­кIуеят.­ Мастэ къысхилъхьэщ, хущхъуэ сригъа­фэри, Тэрч щIыналъэ сымаджэщым сишащ. Си щытыкIэр хьэ­лъэти, абдежи сыкъыщызэтрамыгъэувыIэу Налшык дэт Республикэ клиникэ сымаджэщым сынагъэсащ. Си узыфэр пэжу къызэрахутам икIи и чэзум Iэзэгъуэ зэрыз­гъуэтам и фIыгъэкIэ сыкъызэфIэувэжащ. ФIыщIэ яхузощI Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ центрым и лэжьакIуэхэм жэ­уаплыныгъэ яхэлъу я IэнатIэм зэрыпэрытым папщIэ. Псалъэ гуапэхэр яхуэфащэщ рентгенхирургием и IэмалхэмкIэ узыр къыщахутэ икIи щеIэзэ къудамэм и унафэщI ­Акъбащ Марьянэ, жэщ плъыру лэжьахэу рентгенэндовоскулярнэ хирург Къуныжь Хьэжсет, неврологхэу Зыхьэ Аринэ, Кудаевэ Жаухарат сымэ. Зыпэрыт Iуэ­хум хуэIэкIуэ­лъакIуэхэт курыт медицинэ лэжьа­кIуэхэу Былымыхь Астемыр, Рахаевэ Мадинэ, Тхьэгъэлэдж Маритэ сымэ. Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейт центрым реанимацэмкIэ и къудамэм и унафэщI Токъу Мактинэ. А бзылъхугъэм хузэфIэкIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI икIи сымаджэхэм бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуэзыгъуэтыф гуп зэкъуэт къызэригъэпэщын. Ар къыщIехъу­лIари езыр абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэу зэры­щытырщ.
Реанимацэм махуищкIэ сыщIэлъри, неврологиемкIэ къудамэм сыщIагъэгъуэлъ­хьащ. Си узым и хущхъуэгъуэр къызахьэлIэурэ, хуэмурэ си узыншагъэм зыкъигъэзащ икIи сыщыпсэу щIыпIэм щыIэ поликлиникэм адэкIэ щызы­кIэлъызгъэплъыну чэнджэщ къызатри, сымаджэщым сыкъыщIатхыкIыжащ. А узыфэр зыгъэунэхуарщ абы узригъэувэ щытыкIэ хьэлъэр зыхуэдэр зыщIэр. Узым щхьэжагъуэ узэрищIым къищынэ­мыщIауэ, уи гур иудауэ, шынэр къыптекIуэу, уи хъуреягъкIэ къыщекIуэкIыр къып­фIэ­мыIуэхужу, гукъыдэж зыми хыумылъэгъуэжу уохъу. АрщхьэкIэ дохутырхэм яхузэ­фIэкIащ узыфэм и мызакъуэу, псэр зыхуз нэрымы­лъагъу «Iэдэми» къыIэщIахы­жы­фын икIи гугъэ сиIэу гъащIэм сыхагъэп­лъэжыфащ.
Центрым неврологиемкIэ и къудамэми я лэжьыгъэр хъарзынэу зэтеублауэ йокIуэкI, щхьэж и къалэныр зыхуэдэр ещIэжри, дэтхэ­нэми дагъуэншэу и Iуэхур ещIэ. Сымаджэхэр зы­щIэлъ пэшхэр хуитщ, къабзэщ, нэхущ, я ерыскъыр IэфIщ икIи къэуатщ. Къудамэм и унафэщI Щомахуэ Верэ, сэ къызэIэза дохутыр Дэщ Ритэ, медсестра нэхъыжь Тхьэгъэпсэу Оксанэ сымэ, дэтхэнэ зыри сымаджэм псалъэ щхьэхуэ, бгъэдыхьэкIэ хэха къыхуэзыгъуэтыф лэжьа­кIуэ емызэшхэщ. ИкъукIэ си гуапэ хъуащ центрым реанимацэмкIи неврологиемкIи и ­къудамэхэр зыпэрыт IэнатIэм фIыуэ хэзы­щIыкI, жэуаплы­ныгъэ нэс зыхэлъ IэщIагъэлI­хэм я нэIэ зэры­щIэтыр. А дохутыр Iэзэхэм сазэрырихьэлIамкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хузощI.
Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу сохъуэхъу гужьеигъуэ сыщихуам дэIэ­пыкъуэгъу къысхуэхъуа псоми, я зэфIэкIым хэхъуэу, езыхэр зи плъыр узыншагъэм щымы­щIэу, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу, я IэнатIэ яIэщIэ­мыужагъуэрэ цIыхухэм сэбэп яхуэхъуфу, абы къыпэкIуэ хъерыр яхуэбагъуэу гъащIэ дахэ яIэу псэуну.

Джатэгъэжь Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.