Статьи на кабардинском языке

Абхъазым и Дыщэнэ

Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр мы гъэм зратахэм ящыщщ оперэ уэрэджыIакIуэ Герзмавэ Хиблэ.
Ар Пицундэ къалэм къыщалъхуащ. А щIыналъэм и дахагъэм сыткIи хуэфэщэн теплъэрэ макърэ зиIэ Хиблэ «дыщэнэщ» и цIэм къикIыр, ауэ дыщэр зы­хуэхьыпхъэр и макъыр арагъэнщ, дунейм цIэрыIуэ щы­зыщIар аращи.

Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

Хасэмрэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэмрэ

Евро-2020-м илъэскIэ гувауэ щIедзэ

Дуней псор иджыри къэс зыгъэгулэз коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ нэгъабэ ягъэIэпхъуащ Iуэху щхьэпэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ спорт зэхьэзэхуэ инхэу зэхэтын хуея Европэм футболымкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэмрэ Токио щыIэну зытраухуа Гъэмахуэ Олимп джэгухэмрэ. Дызыпэмыплъа икIи хэщIыныгъэшхуэ къыдэзыта къэхъукъащIэ угъурсызыр мащIэу текIуэта хуэдэщ.

Анэбзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ сабийр насыпыфIэщ

Укъыщалъхуа щIыналъэр, абы илъ хабзэ дахэр, щэнхабзэ екIур фIыуэ плъагъуу, анэ­дэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэу къыбдэгъуэгурыкIуэу, абы и IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхэпщIэу упсэуныр насыпышхуэщ. Апхуэдэ лъэпкъ фIыгъуэхэм щIапIыкIа адыгэ пщащэхэм ящыщщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и методист, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ Тэтэр Аминэ.

Илъэс щэщI гъуэгуанэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я  дин IуэхущIапIэм щекIуэкIа зэхуэсым
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Налшык къалэ щагъэлъэпIащ.

Iулъхьэм дыпэщIэтыфыну?

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытеп­с­эл­ъы­хьащ «Iулъхьэм зэры­пэ­щIэтым теухуауэ» Феде-ральнэ законым къыщыгъэлъэгъуахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­­пуб­ликэм зэрыщагъэзащIэм. «СтIол ­хъурейм» хэтащ КъБР-м и Парла­ментым и депутат- хэр, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, респуб­ликэм ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэр, про­ку­ра­турэм, МВД-м, УФСБ-м я лIыкIуэхэр.

Урысейм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхуэзащ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа IуэхухэмкIэ Правительствэм и ­комиссэм хэтхэм я зэIущIэр мэкъуауэ­гъуэм и 15-м Пятигорск къалэм щиуха иужь ­УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил лэжьыгъэ IуэхукIэ ­къепсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Фестивалхэр Хъыршыным и махуэшхуэ

Урысейм и махуэм, мэкъуауэгъуэм и 12-м, сыхьэт 11-м Псыкъелъэ цIыкIухэм (Шэджэм Ищхъэрэрэ Хъущтэ-Сыртрэ) щекIуэкIащ «Хъыршыным и махуэшхуэ» республикэ фестиваль зэIухар. Iуэхур зи жэрдэмри къызэзыгъэпэщари декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэмрэ цIыхубэ IэпэIэсэхэмрэ я «Уста» зэгухьэныгъэрщ.

Iейм щахъумэн мурадкIэ

Урысейм афиянхэкIхэм зэ­рыщыпэщIэт Iуэхухэм язщ «Призывник» зыфIащар. Ар ирагъэкIуэкI илъэсым тIэу, дзэм къулыкъу щызыщIэнухэр щраджэ пIалъэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м ­Наркотикхэр зэрызэрагъэ­-кIуэкIым кIэ­лъыплъыным­- кIэ и управ­ленэм и лэ­жьа­кIуэхэм ящыщ Къэ­бэрдей-Балъкъэ­рым и Дзэ комис­сариатым щыIащ дзэм ираджахэм яIущIэн папщIэ.

ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэ

Октябрь Революцэ Иным иужькIэ, 1918 гъэм Москва и Сокольники хьэблэм къы­щыунэхуауэ щытащ «ЩIы­уэпсыр фIыуэ зылъагъу ныбжьыщIэхэм я станц» зыфIаща IуэхущIапIэ. Зи лэжьыгъэм пэрыува гъэсакIуэхэм абдежым щызэхаша я гъэ­сэнхэр а гъэ дыдэм мэкъуауэ­гъуэм и 15-м здрашэжьат ахэр щIыуэпсым нэхъ гъунэгъу яхуэзыщI я япэрей нэгузегъэужь зекIуэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке