Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

Хасэмрэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэмрэ
Къэрал зызыужьахэм я тхыдэм уриплъэмэ, гу зылъыптэр зыщ: лъэхъэнэ гуэрым зэрылъэпкъыу щIызэ­къуэувэн щхьэусыгъуэ ягъуэта нэужь, абы и хьэтыркIэ, зэпэщIэтхэм зым адрейм худичыхын щIедзэри, хэгъэгу щIыбкIэ къебгъэрыкIуэ шынагъуэм лъэпкъыр быдэу зэрегъэубыд. Апхуэдэ щхьэусыгъуэу адыгэхэм къаху­къуэкIауэ щытащ 1863 гъэм Мэздэгу деж урыс быдапIэ зэрыращIыхьар.
1860 гъэхэм лъэпкъым и пащхьэ къи­ува къалэныщIэхэм Iуэху бгъэды­хьэ­кIэр ямыхъуэжу мыхъуну ищIащ. Иджыри къэс Урысейр Къэбэрдейм «къыщхьэщыжу» зищIа къудеймэ, иджы абы лъэпкъыр и унафэм щIигъэувэну мурад ищIат, щIыналъэр езым ищIхэм хигъэхьэну пабгъэрт.
Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдын шынагъуэ къызэрыувам Хасэм иджыри къэс имыIа къалэнхэр къыхуигъэувырт. 1763 гъэм ипэкIи адыгэпщхэм къахукъуэкIырт щIызэгухьэн щхьэусыгъуэхэр, ауэ а илъэсым щегъэжьауэ ар икIэщIыпIэкIэ гъэзэщIэн хуей пщэрылъ яхуэхъуат.
Абы ипэкIэ апхуэдэ щхьэусыгъуэ ­къащыхуихуам щыгъуэ, къэбэрдейхэм зэкъуэту 1708 гъэм Кърым ­хъаным и дзэр зэтракъутауэ щытащ. Абы иужькIэ Къэбэрдейм къудамитIу зигуэшри, зы лъэныкъуэр - Кърымым, адрейхэр - Урысейм щыгугъыу ­къекIуэкIащ. 1753 гъэм екIуэкIа зэ­хуэсым, зэрытщIэщи, а къудамитIыр зэ­рызэгуэкIар хабзэкIэ къащтат. Ауэ илъэсипщI дэкIа нэужь, къэбэрдей адыгэхэр щыхьэт техъуэжащ бий ущиIэм деж узэкъуэувэу Хасэмрэ пщы­­шхуэмрэ уедэIуэн зэрыхуейм.
1764 гъэм щIышылэм и пэм пщы ­къудамитIри зэхуэзэри, Мэздэгу быдапIэр зэраухуам теухуауэ унафэ къащ­тэн зэрыхуейм тепсэлъыхьащ. Ахэр зэкъуэувэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Мэздэгу зэрафIэкIуэдар Къэбэрдейм пщыуэ исым зэран зэрахуэхъурт.
1765 гъэм аргуэру лъэныкъуитIым зэ­хуэ­сышхуэ ящIри, Мэздэгу быдапIэр зэ­рыIурагъэхыжа хъуным теухуауэ кърым сулътIаным хуагъэхьа тхыгъэм къыпэкIуа жэуапым тепсэлъыхьащ. Хъа­ным бдэ мыхъун фIэгъэнапIэ ­къа­пиубыда нэужь, урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ягъэкIуэну мурад ящIащ. Мыбдежми зэпэщIэт къудамитIыр ­зэгъусэу щызэдэлэжьащ. Пщышхуэм хэти едэIуэн зэрыхуейр псоми яфIэ­къабылт. Абы и щапхъэу, 1867 гъэм зэ­хуэсахэр ХьэтIохъущокъуэ Къэсей и уна­фэм щIэувэнымкIэ зэакъылэгъу ­хъуахэт. Пщышхуэр Хасэм и акъылэгъуу зэрыщытым къыхэкIыу, псоми ятеу­хуа унафэ къищтэну Iэмал игъуэ­тырт.
Пащтыхьыгъуэр адыгэпщхэр зэкъуиудыным зэрелIэлIар
I763 гъэм щегъэжьауэ зэкъуэувэн щIэзыдза адыгэпщхэм ахэр зэбгъэдэзыш къарухэри къахыхьэн щIа­дзащ. Абы и щхьэусыгъуэр пащтыхь унафэм апхуэдэ мурад зэриIэрт, адыгэпщхэр зэгуримыгъэIуэныр и зэ­рыпхъуакIуэ Iэмал щэхуу зэрыщы­-тырт. I770 гъэм и жэпуэгъуэм капитан Гастотти М. хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм чэнджэщ ирет: «Iэмал зэриIэкIэ, адыгэхэм я зэхуаку ­къаугъэхэр къыщыгъэхъеин, дэ ды­хуей мыхъуауэ пщы къудамитIым з­экIужыну Iэмал емытын». Хабзэ зэрыхуэхъуауэ, Урысейм нэхъ къарууншэу фэ зытет лъэныкъуэм зыщIигъакъуэ зищIурэ, ар адрейм иригъэныкъуэкъурт. Кърым хъанхэми ящIэр ардыдэрат. Абы укъыфIэкIмэ, пщы-уэркъхэмрэ къызэрыкIуэ мэ­къу­мэшыщIэхэмрэ я зэхуаку къаугъэ далъ­хьэнри пащтыхьыгъуэм къыхилъ­хьа IэмалыщIэхэм язт. Апхуэдиз зэгурымыIуэныгъэр хуэм-хуэмурэ Къэ­бэрдейм и хуитыныгъэр фIэзыгъэ­кIуэдыфын щхьэусыгъуэ хъурт.
Хасэмрэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэмрэ
Хасэр къудамищ зэрыхъуар ефIэ­кIуэныгъэу щыта щхьэкIэ, къэбэрдей цIыхубэм зэкъуэхун щIидзакIэт, абы къыхэкIыу, а зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэми лъэпкъым и гъащIэм зэгурыIуэ­ныгъэ къыхилъхьэфыртэкъым.
1769 гъэм къэбэрдейхэр генерал ­­Де Медем Иоганн и унафэ щIэт дзэхэм езэуащ. 1774 гъэм Тыркумрэ Уры­сеймрэ зэращIылIа Къайнэрджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэу ягъэуват. Абы и жэуапу къэбэрдейхэм жа­Iащ: «Дэ зэи Урысейм и унафэ дыщIэтакъым, Грозный Иван пащтыхьым Iуэху гуэр дэтщIами, дэ абы ныбжьэгъугъэ хабзэкIэ дыдекIуэкIауэ аращ, армыхъумэ и пщылIу зэи дыщытакъым».
Къайнэрджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэм Къэбэрдейм и хуитыныгъэр щхьэ­щихыпатэкъым, ауэ хамэ къэралхэм зэрадекIуэкI хабзи, зэрызи­хъумэж Iэмал хэха гуэри здимыIэм, хэгъэгур Урысейм щыгугъыу къи­гъанэрт.
А псом Хасэм и лэжьэкIэми лъэужь къытримынэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Лъэпкъым унафэ зехьэпIэ щхьэхуити хуитыныгъэ нэгъэсаи зэримыIэм Ха­сэми и къарур щIихащ. Зэрызэ­къуэувэрэ илъэсипщI фIэкIа дэмы­кIауэ, къудамищу зэхэт Хасэм щыщ пщы-уэркъхэмрэ мэкъумэшыщIэ щхьэ­хуитхэмрэ зэныкъуэкъужын, фейдэкIэ зэпеуэн щIадзахэщ.
Адыгэ цIыхубэр фIыуэ зэзыгъэцIыхуа пащ­тыхь администрацэм гугъу зригъэ­хьын хуеижтэкъым и унафэр пхигъэ­кIын щхьэкIэ, сыту жыпIэмэ, иджы­ри къэс лъэпкъыр зэдаIуэу щыта Тэтэрхъан Жанхъуэти, Бомэт Мысости я ­нэхъыжьыгъэм хьэтырышхуэ иIэжтэкъым.
Лъэпкъыр апхуэдэ щIыкIэу зэкъуа­гъэхуа нэужь, пащтыхьыгъуэм и Iэмалхэм нэхъри щIикъузэну мурад ищIащ. 1793 гъэм абы утыку кърихьащ «лъэпкъ хейщIапIэхэр». Абыхэм къэбэрдей гъащIэм къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэр щызэпкърахырт, унафэ къыщащтэрт, тезыр щытралъхьэрт. Абы къикIыр зыт - иджыри къэс лъэпкъыр зытета хабзэхэр мылэжьэ­жыну арат. Псалъэм папщIэ, «къэбэрдейхэр хуиттэкъым: щIыналъэм и уна­фэщIым имыщIэу хэкум икIыну; ялъ ящIэжыну; хьэщIэ къыдогъэблагъэ жаIэу щIэпхъаджащIэхэр ягъэпщ­кIуну; лIыгъэкIэ зэпеуэн щхьэкIэ зэхуэ­сыну; хейщIапIэхэм унафэ къамыщ­тауэ зэIущIэ ирагъэкIуэкIыну».
Абдеж щегъэжьауэ Къэбэрдейм щылажьэ цIыхубэ зэхэтыкIэр зэтезы­Iыгъэ хабзэхэм лъэлъэжын щIадзащ. Псом хуэмыдэу, зэхуэсыну зэрыхуимытым къигъэлъагъуэрт Къэбэрдейм и хуитыныгъэр къэгъазэ имыIэу зэры­IэщIэкIыр. Лъэпкъыр апхуэдизкIэ ­къигъэгубжьат а унафэми, 1794 гъэм Iуэхур къызэщIэхъееныгъэм хуэкIуэри, къызэщIэгъэстакIуэу къалъыта Хьэ­тIохъущокъуэ Адэлджэрийрэ Хьэ­мырзэ ХьэтIэхъущокъуэрэ Екатери­нослав губернием ирырагъэшауэ ­щытащ.
Абдеж гурыIуэгъуэ щыхъуат Урысейр къы­зэрыпэщIэтри, Къэбэрдейм и щхьэм фIэкIа зыщыгугъын зэримы­Iэри. Лъэпкъыр зэрызыгъэубыдыжын къарууэ диныр къалъытэри, 1798 гъэм лъэхъуэщым къикIуэсыкIыжа Хьэ­тIохъущокъуэ Адэлджэрий пашэ зыхуэхъуа шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм ­гъуэгу игъуэтащ.
Иджыри къэс урыс хейщIапIэхэм адыгэ хабзэр пэщIагъэувэну хэтамэ, иджы лъэпкъыр зыщыгугъыр шэрихьэтыр зи лъабжьэ хабзэрт.
Муслъымэн диныр, зы лъэныкъуэкIэ, лъэпкъыр зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэувэн Iэмэпсымэ хъуат, адрей лъэныкъуэмкIэ - цIыхубэ гъащIэр ­куэд щIауэ зыхуэныкъуэ зэхъуэ­кIыныгъэхэм гъуэгу къытехьэну Iэмал яритырт. Шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм и мурадыр урыс хейщIапIэхэр игъэкIуэдыжу дин хабзэкIэ лажьэ судхэр зэфIигъэувэжыным и закъуэ­тэкъым - лъэпкъым хуэщхьэпэну уна­фэщIэхэр къащ­тэну я мурадт, псалъэм папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ хуитыныгъэкIэ зэхуэдэ ящIыныр.
Пащтыхьыгъуэм и тIасхъэщIэххэм яз Кнорринг Карл итхырт: «Сэ сыщы­гъуазэщ а щIалэ псынщIэхэр КъурIэ­ным теIэбэу, зытеувам къытемыкIыну тхьэ зэраIуар, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэхуэдэ ящIыну зэрамурадыр. «Сыт Франджым къыщащтар дэри къатщтэ щIэмыхъур?» - жаIэ абыхэм. Уэркъ куэд япщхэм къабгъэдэкIыу абыхэм зэрагухьэри уолъагъу».
ГъэщIэгъуэн дыдэу мы Iуэхум къыхэщыр сыт жыпIэмэ, уэркъхэм пщыхэм зыхуагъэдэныр ягу зэрырихьынур гурыIуэгъуэт, ауэ Iуэхур къыхэзылъхьар езы пщыхэрт. Абы и щхьэусыгъуэуи пхужыIэнур зы закъуэщ: Урысейм Къэбэрдейр къэгъазэ имыIэжу зэрипхъуэн мурад зэриIэр наIуэ къэхъупати, цIыхубэр быдэу зэрызыгъэубыдыфын Iэмал къэгъуэтын хуейт. Къэгъуэтыпхъэри псоми я зэхуэдэ плъапIэм телажьэ, псори зэхуэзыгъадэ Iэмыпсымэт. Абдежым «сэ уэ нэхърэ нэхъ лъэпкъыфI сыкъыхэкIащ» жыпIэу узэдауэкIэ, уи щхьэкIи фейдэ хэпхынутэкъым, лъэпкъми къыхуэсэбэпынутэкъым. Мыбдежми наIуэ къыщохъу нэхъыбэ дыдэу и щхьэ ебэкъуэн къалэныр пщыхэм къазэрытехуар. Пщыгъэр бгъэнэхъапэрэ лъэпкъ хуитыныгъэр пфIэкIуэдмэ, укъызэрызэтемынэнур хьэкът. А бгъэдыхьэкIэр уи щхьэр Алыхьым и хьэтыркIэ бгъэлъэхъшэныр езы диным зэрыпхуигъэдахэми хуэпхьыфынущ, ауэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм къыздихьа зэкъуэтыныгъэм хуэдэ Къэбэрдей тхыдэм ипэкIи иужькIи хэтакъым. Абы ипэкIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ махуэ къэс я зэхуаку къыдэхъуэ къаугъэ мыхьэнэншэхэм щызэныкъуэкъуу къекIуэкIамэ, иджы я щIыналъэм и къэкIуэнум егупсысу я акъыл зэтрагъэхуэн хуей хъуат. ИкIи плъапIэу яIэр я блэкIар зэфIагъэувэжыныр аратэкъым, нэхъ зызыужьауэ дунейм тет лъэпкъхэм я къэрал зехьэкIэ Iэмалхэр шэрихьэтым ирагъэкIуу, езыхэм къэралыгъуэ узыншэ яухуэнырт.
1803 гъэм Нартсанэ (Кисловодск) деж быдапIэ щаухуэу къэзакъ станицэщIэхэр ягъэтIыса нэужь, Къэбэрдейм зыкъиIэтащ. 1804 гъэм Бахъсэн деж къэкIуа Глазенап и дзэр накъыгъэм и 10-мрэ и 14-мрэ Шэджэм деж къащытеуэри, адыгэхэр зэтраукIащ. «ТекIуэныгъэр зыхуэщ урысыдзэм и ехъулIэныгъэхэм апхуэдизкIэ къэбэрдей адыгэхэм я гур ириудащи, иджы ахэр щIэрыщIэу къаубыда лъэпкъыу къэплъытэ хъунущ», - хуитхырт зигъэщIагъуэу Глазенап Цициановым.
1805 гъэм и гъатхэпэм урысыдзэр аргуэру къэбэрдейхэм къатеуэри, къуажэ 80-м нэс зэтригъэсхьащ, гуэдзрэ мэкъумылэу яIэр фIагъэсащ, адыгэхэр гъаблэм зэрырахулIэр нэрылъагъу хъуат. Абы емынэ узри къыхыхьэжащ.
А псом иужькIи зыкъаIэтыжыну гу зыхурикъуа къэбэрдейхэм я щIыналъэри яхъумэрт, езыхэм я зэхэтыкIэр зэрырагъэфIэкIуэну щIыкIэм акъыл ирахьэлIэнуи тегушхуэфырт. Арати, Къэбэрдейр зауэлI къару къудейкIэ и унафэ зэрыщIимыгъэувэфынур пащтыхьыгъуэм къыгурыIуэри, урыс хейщIапIэхэр тричыжащ, абыхэм я пIэкIэ мэхъчэмэ жыхуаIэ шэрихьэт судхэр 1807 гъэм къызэрагъэпэщыну арэзы хъуащ.
Къэбэрдейм диным и мыхьэнэм апхуэдизкIэ пщIэшхуэ щигъуэтати, пащтыхьым и тIасхъэщIэххэм «Урысейм къыхуэпэж дин лэжьакIуэхэр имыIэу зэрымыхъунум» теухуауэ нэхъыщхьэхэм чэнджэщ иратырт. Ар къыхощ 1708 гъэм бадзэуэгъуэм и I6-м граф Гудович Иван къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр Куракин Алексей хуигъэхьа тхыгъэм.
Диным къару игъуэтам лъэпкъ зэхуэсхэм я лэжьэкIэри ихъуэжат. I8I0 гъэм Броневский Семён етх: «ЦIыхубэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэчэнджэщын папщIэ зэхуашэс лъэпкъ зэIущIэхэр хъарзынэу зэтеухуауэ йокIуэкI. Абы хагъэхьэр япэ ит гупищым щыщхэрщ: пщыхэр, дин лэжьакIуэхэр, уэркъхэр. Япэу пщы нэхъыжьхэр ягъэпсалъэ, абыхэм я ужьым дин лэжьакIуэхэр итщ, итIанэ уэркъ нэхъыжьхэр къокIуэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху къыщагъэхъейм деж, мэкъумэшыщIэхэм ящыщ нэхъыжьхэри кърагъэблагъэ».
Диным и мыхьэнэм зэрыхэхъуам и лъэужь лъэпкъ Хасэми къытринащ. Iуэхум и щIэдзапIэм щегъэжьауэ, духьэшыхэр пщыхэми уэркъхэми нэхърэ нэхъ лъагэ къарууэ, зэрыцIыхубэу къащхьэщыжыфын къалэныр езыхьэкI гупут къызэрежьар. Абыхэм я дежкIэ къызыхэкIа лIакъуэм и мыхьэнэр нэхъ ину щытамэ, дин лэжьакIуэхэри Хасэм и къудамэ щхьэхуэ мыхъуу, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэт къудамэхэм хыхьэнт.
Хасэм и ухуэкIэм зэрызихъуэжар абы дин лэжьакIуэхэр зэрыхыхьам и закъуэтэкъым. Къэбэрдейм мэхъчэмищ зэрыщаухуам езы хэкур Iыхьищу ягуэша пэлъытэ ищIырт. Суд щхьэхуэ къызэрыунэхуам иджыри къэс а къалэныр зыхьа Хасэм игъэзащIэ лэжьыгъэхэм зыгуэр зэрыхигъэщIари гурыIуэгъуэт. Ауэ гъэщIэгъуэну къыхэхъуар сыт жыпIэмэ, иджы пщы уэлийр суд нэхъыщхьэкIэ зэджэ IуэхущIапIэм и унафэщI хъурт. Лъэпкъыр XVI лIэщIыгъуэм зытета унафэ щIыкIэм иджы лъабжьэщIэ игъуэту техьэжауэ арат, а зэманми пщы уэлийм «хейм» (суд нэхъыщхьэм) и унафэщI къалэныр ихьу щытат.
1809 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м генерал Булгаков Сергей езым и унафэщI Тормасов Александр хуригъэхь тхылъымпIэм «къэбэрдейхэм Бахъсэн деж лъэпкъпсо зэхуэс зэрыщрагъэкIуэкIам» и гугъу щещI. Абы Жанхъуэт Кушыкурэ ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ пщы уэлийуэ щыхахауэ щытащ. Зэуэ пщы уэлиитI зэрыхахари Къэбэрдей Хасэм и лэжьэкIэм и кIэм нэмыса зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщекIуэкIым и щыхьэтт. Лъэпкъым и хуитыныгъэр фIэкIуэдыпэн шынагъуэ зэрыщыIэм ипкъ иткIэ, щIыналъэр хъума зэрыхъуным теухуауэ Хасэм унафэ ткIийхэр къызэрищтапхъэр IупщIт. Ауэ пащтыхьыгъуэм и ехъулIэныгъэхэм заубгъуху, Хасэм и мыхьэнэри кIуэ пэтми нэхъ ехуэхырт.
Хасэр пащтыхьыгъуэм и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэ зэрыхъуар
Пащтыхьыгъуэм Хасэм езым и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэ къыхи­щIы­кIыну мурад ищIри, япэрауэ, ар, Къэбэрдейм щекIуэкI псори къищIэн папщIэ, хъыбаре­гъащIэ Iэмал хуэдэу къигъэщхьэпэн щIидзащ. Хэт дэтхэнэм и телъхьэми, хэт дэтхэнэм и бийми, Кавказым щыщ адрей лъэпкъхэм сыт хуэдэ щIыкIэу ялъэIэсми - а псори пащты­хьыгъуэм жезыIэжын Хасэм хэтт. Къэбэрдеишхуэми Джылахъ­стэнейми щыла­жьэ урыс пристав­хэм ищ­хьэкIэ яутIыпщ тхыгъэхэм къыщыхагъэщырт я хъыбархэр лъэпкъпсо зэхуэсхэм псом нэхърэ нэхъыфIу Iуэхум щыгъуазэхэм ­къыщапсэлъу зэрызэхахар.
Псалъэм и хьэтыркIэ, 1805 гъэм накъыгъэм и 15-м урыс генерал нэхъ гущIэ­гъун­шэхэм яз Дельпоц­цо Иван ари къозыгъэщтэжын Цицианов Павел хуетх: «Хасэм къе­кIуэлIахэм сеуп­щIащ: «Къэбэрдейм уз зэ­рыцIалэ къызэрыщежьар пэж?» - жысIэри. Бэчмыр­зэхэрэ ­Къетыкъуэрэ я нэхъыжь псоми, пщырэ уэркъыу цIыхуищэм нэс ­къе­кIуэлIахэм, жэуапу къызатащ, апхуэдэ уз къежьамэ, къысщабзыщIынкIэ Iэмал имыIэу». Къэбэрдейхэм емынэ узыр къызэрежьар ябзыщIын хуей хъурт. Ар къащIэмэ, Кавказ линиер зэраухуэрэ армырми пэIэщIэ зыхуащIа я хъупIэхэмрэ губгъуэхэмрэ ирагъэхьэнутэкъым.
Урысейр пхъашэу къахэIэбэху, Хасэр пащтыхьы­гъуэм къэбэрдейхэм къа­хуищI унафэр къыщыжраIэ, ахэр зэрагъэзэщIэну щIы­кIэр къы­щыгурагъаIуэ зэхуэс хъурт. Псом хуэмыдэу, абы щытепсэлъыхьырт пащтыхь тетыгъуэм лъэпкъым къыт­рилъхьэ къуэдыхэр зэ­рап­шыныну щIыкIэхэмрэ ­къраухылIэ пIалъэмрэ.
Языныкъуэхэм деж пащ­ты­хьы­гъуэм Хасэр зэхуи­шэсырт нэгъуэщI лъэпкъ­хэмрэ къэралхэмрэ ща­теуэкIэ гъусэ зыхуащIынухэм ягу­рыIуэн папщIэ. Езыхэр зыхуитымрэ я хуитыныгъэмрэ теухуауэ къиину сыт щыгъуи къыщIэкI адыгэ пщы-уэркъхэр жыIэдаIуэ хъужхэрт, я ­лIыгъэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ехьэ­лIауэ къагъэлъэгъуэн хуей ­щыхъум деж. Апхуэдэ зе­кIуэхэм урыс тетыгъуэм и тыгъэхэмрэ къуентхъ мы­мащIэрэ къахуздихьырт, щIалэгъуа­лэми я зэфIэкI здынэсыр къы­ща­гъэлъэ­гъуэн лIыгъэщIапIэ къалъыхъуэрт.
Ермолов Алексей и зэманым пащтыхьыгъуэм Къэ­бэрдейм щызэ­рихьэ лейм зиубгъупащ. Къэ­бэрдеиш­хуэр IыхьитI ирищIыкIыу зэ­лъэмыIэсыж ищIын папщIэ, абы Балъкъ, Бахъсэн, Шэджэм, Налшык, Шэрэдж псы­ежэххэм я Iуфэм быдапIэхэр IуищIыхьат. Къэбэрдейр зыIэщIалъхьэн Iуэхур пащтыхьы­дзэм и унафэ щIэт «Временный суд» жы­хуаIэр къыщызэрагъэпэща 1822 гъэм зэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ.
ГурыIуэгъуэщ Къэбэрдейм хуитыныгъэр фIэ­кIуэ­дыпа нэужь, Хасэми бгъэ­дэ­лъа лъэкIыныгъэм и нэ­хъы­бэр IэщIэкIыу, лъэхъэнэщIэ къэу­нэхуам зыдригъэкIун хуей зэ­рыхъуар.
Иужьрей дыдэу Хасэм и хъыбар къы­зыхэщыжыр Къэбэрдей лини­ем и тетым «Временный суд» зи фIэ­щыгъэ хейщIапIэм 1826 гъэм ­хуигъэхьа тхыгъэрщ: «Мы хейщIапIэм папщIэ жэрдэм къыхызолъхьэ дяпэкIэ щхьэусыгъуэ гуэр къы­къуэкIрэ лъэпкъ зэхуэс ящIын хуей хъумэ, сыт щыгъуи сэ къызэупщIыну, и ­чэзур къэмыс щIыкIи хъыбар сагъэщIэну. Езы зэ­хуэс­хэр Налшык быдапIэм щры­рагъэкIуэкI, сэри сыкIуэфын хуэдэу, лъэпкъым ифI зы­хэлъ Iуэхухэр щызетхуэну Iэмал диIэн хуэдэу, хъыбар срырагъащIэ».
А тхыгъэм къегъэлъагъуэ а зэ­ма­ным къыщыщIэдзауэ Хасэр Къэ­бэрдейм хабзэщIэ къыщищтэу, ­къащта унафэхэр гъэзэщIэным ­теухуауэ щызэчэнджэщ IуэхущIапIэу щытын щигъэту, пащтыхьы­дзэм и гукъыдэжхэр пхагъэкIыным хуэлажьэ зэгухьэныгъэ зэры­хъуар. Апхуэдэ Хасэми арэзы ищIыртэкъым урыс тепщэгъуэр. Пащтыхьы­дзэм и унафэм щIэт гъащIэм езэ­гъынкIэ Iэмал иIэтэкъым зэгуэр лъэп­къыр хуиту зэрыщытар ягу къэзыгъэкIыж политикэ Iэмэ­псы­мэм и цIэр зекIуэххэныр. Аращ Къэбэрдейм  пщы-уэркъ зэ­хуэ­сы­шхуэ щызэхашауэ  зэи  иужькIэ хъыбар къыщIэмыIужар.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.