|
Статьи на кабардинском языке
16 августа, 2018 - 06:38
Ар еплъащ лъэпкъ фащэм и гъэлъэгъуэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа волонтёрхэм къызэрагъэпэщам.
16 августа, 2018 - 06:38
Нарт Хэку ЩIалэгъуалэ Хасэм нэгъабэ Налшык къалэм Абхъазым и утым япэу щиубла хэгъэгу джэгушхуэм нэгъуэщI щIыналъэхэми щыпащэу абы зэрызрагъэубгъур гуапэщ. Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ шыщ- хьэуIум и 7-м щекIуэкIа а щэнхабзэ зэхыхьэм хэтахэм гукъинэж ящыхъуащ дуней псом щызэбгрыдза адыгэхэр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ, я зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэ пшыхь щIэщыгъуэр.
14 августа, 2018 - 07:12
Псыхуабэ (Пятигорск) щекIуэкI «Мэшыкъуэ-2018» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхыхьэм шыщхьэуIум и 12-м щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр. Абы щыIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, район унафэщIхэр.
14 августа, 2018 - 07:10
КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ ди республикэм коррупцэм щыпэщIэтынымкIэ лэжьыпхъэхэм ятеухуа семинар.
13 августа, 2018 - 06:49
КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм иджыблагъэ щызэхашащ «Августёнок» щIыналъэ зэхуаку щIалэгъуалэ лагерыр. А лэжьыгъэр къызэригъэпэщащ еджапIэ нэхъыщхьэм и студсоветхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къызэщIиубыдащ зэхуэзэ хьэлэмэтхэр, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, лекцэ купщIафIэхэр.
13 августа, 2018 - 06:48
ШыщхьэуIум и 9-м щегъэжьауэ и 12-м нэс Санкт-Петербург (Бытырбыху) къалэм щекIуэкIынущ Шыхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, «Иппосфера-2018» фIащауэ.
9 августа, 2018 - 06:47
Урысей Федерацэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ и министр Зиничев Евгенийрэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александррэ махуитI япэкIэ кхъухьлъатэкIэ къыщалъэтыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыщу псыдзэхэм нэхъ зэраныгъэшхуэ къыщ
9 августа, 2018 - 06:47
КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 17-м щыхэплъащ.
9 августа, 2018 - 06:45
Мы проектым хиубыдэ Iуэхухэр мы зэманым щокIуэкI Центральнэ, Приволжскэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм. Абы хэтщ Урысейм и щIыналъэхэм, ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу 20-м къикIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
7 августа, 2018 - 06:27
Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ туризмэм зыщегъэужьыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., КНР-м и лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Ли, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов И. М.-С., КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. сымэ.
Страницы
|