Статьи на кабардинском языке

Узыншагъэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал-­майор Павлов Василий щыIащ республикэ МВД-м и Медико-санитар частым (МСЧ).

ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щагъэлъапIэ

Тхылъхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, мэлы­жьыхьым и 23-м, «Sreda_book» тхылъ щапIэм ХьэтIохъу­щокъуэм и хадэм жармыкIэ къыщызэригъэпэщащ икIи абы щагъэлъэпIащ IуэхущIапIэр зы илъэс зэрырикъур.
«Sreda_book» тхылъ щапIэр къызэIузыха КIуэкIуэ Мурат къызэрыджиIамкIэ, жармыкIэм щIэупщIэшхуэ иIащ. Абы хыхьэу тхылъ 200-м щIигъу ящэхуащ.

Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я зэпыщIэныгъэ

Накъыгъэр гъатхэм и мызакъуэу, илъэс хъурейм я нэхъ мазэ дахэщ, ауэ ар ди дежкIэ лъапIэщ абы егъэщIылIа IуэхухэмкIи. Дунейм и къэрали 142-м накъыгъэм и 1-р Лэжьыгъэм и махуэу щаIэт. Ди деж ар щыщытщ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэу икIи абы и ­къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ.

КъБР-м и Iэтащхьэр мэкъумэшыщIэхэм епсэлъылIащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн къалэм щригъэкIуэкIащ республикэм и мэкъумэ­шы­щIэхэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэ­рырагъэкIуэкIым теухуа зэIущIэ.

ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу

Накъыгъэм хэт махуэшхуэхэр гъэ­лъэ­пIэным епха Iуэху дахэ куэд мы зэманым щокIуэкI ди къэралым и щIыпIэ псоми. Абыхэм ящыщщ «Фэеплъ хадэ» къэралпсо акцэр. ТекIуэныгъэм и махуэм хуэгъэпса а Iуэху дахэм жыджэру хэтщ ди республикэм и цIыхухэри.

Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэхуэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэлыжьыхьым и 27-м Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ.

ГъащІэр матэщІэдзакъым

Хьэмыз зэщхьэгъусэхэр.

Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэр я хьэщIащ

Жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ егъэкIуэкIыным хыхьэу Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм тезырхэр щагъэзэкIуэж и колоние №1-м щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм (ОНК)-м и лIыкIуэхэу Созаевэ Алкэ, Мамхэгъ Анжелэ, Караев Расул сымэ.

Я лэжьыгъэм ироплъэж, къалэныщIэхэр яубзыху

КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и управленэм щызэхэтащ 2021 гъэм и япэ мазищым я лэжьыгъэм кърикIуахэм щытепсэлъыхьа, адэкIэ къапэщыт къалэныщIэхэр щаубзыхуа зэIущIэ.

Мэлыжьыхь дыдэт

Адыгэм ауи фIищакъым дызэрыт мазэм «мэлыжьыхь». ГъэтIылъыгъэхэр яухарэ гъавэщIэр иджыри къащыIэрымыхьа лъэхъэнэщ иджыпсту. Апхуэдэщ «Спартак-Налшык» футбол командэм и Iуэхур зытетри: премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм зэтригъэхьа щIыхуэм нобэр къыздэсым зригъэужьыркъым. АдэкIэ къыпэплъэри гурыIуэгъуэкъым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке