Статьи на кабардинском языке

Дэрбзэрым сом мелуан и саугъэтщ

Хъыбар гуапэ
Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа «Реалити в моде» проектым пашэныгъэр щиубыдри, Налшык щыщ пщащэ ныбжьыщIэ, «Agatha AEnter» брэндыр къызэзыгъэпэща Востриковэ Агатэ коллекцэщIэм тригъэкIуэдэну сом мелуан саугъэту къыхуагъэфэщащ.

ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Тырку Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и президенту щыта Куэцэ Пщымахуэ и кхъащхьэм пщIэ хуащIыну илъэс къэс Кавказым икIахэр йокIуалIэ. 2015 гъэ,  Ферикёй Куэцэ Пщымахуэ псоми зи цIэр зэхаха, ауэ зыми фIыуэ имыцIыху цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ.

КIуэкIуэ Казбек: «Вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр нэхъыбэ хъуху узым зиубгъунымкIэ шынагъуэм кIэрыхунущ»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэм и районхэм зыщемыгъэубгъуным теухуа зэIущIэ.

Сытым щыгъуэ, мынобэмэ…

Бзэхэм гъащIэ яIэщ, цIы­хум хуэдэ къабзэу. ЦIыхур и узыншагъэм здихьым нэс, бзэр зей лъэпкъым Iуры­лъыху мэпсэу. КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыщхьэщыт бзэуэ дунейм тетым я атлас зэхигъэуващ ЮНЕСКО-м. Абы бзэр щыхупIэм зэ­ры­хуэблагъэ лъэбакъуэхэр 6 хъууэ къихутащ:
- зыкIи къыхэмыщтыкIми хъунущ нэхъыжьым яIурылъ бзэр нэхъыщIэми ящIэу ­къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэр;

Хуитыныгъэм пщIэ щIат

Куэцэ Пщымахуэ теухуауэ Тыркум къыщыдэкIа тхылъым и жинтыр. Зытхар Бэрзэдж Сэфэрщ. Анкара, 2011 гъ.

КIуэкIуэ Казбек: «ФокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ екIуэкIыну Iуэху нэхъыщхьэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъум ехьэлIауэ щытын хуейщ»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ махуэшхуэм пыщIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр егъэ­кIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

ЗэфIагъэкIар къапщытэж

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр ще­дэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэр 2020 гъэм зэ­лэжьахэм къри­кIуам.

ЗауэлIым и щIыхьыр

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъ­къэрым щиIэ управленэм иригъэкIуэкI «Фэеплъым и хъумакIуэ» къэралпсо акцэм къриубыдэу, Май щIыналъэм иджы­благъэ щекIуэкIащ Хэку зауэш­хуэм хэта, хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэхэм ящыщ совет зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтыжахэр щIэлъхьэжыным епха Iуэхухэр. Ахэр зэфIагъэкIащ апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм.

«Напэм и пэ псэр ихуэ» - аращ адыгэм и щIэныгъэр, и хабзэр

Мы дунейр цIыхум егъэдахэ гуапагъэкIэ, гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ. Уардэрэ пагэу къигъэщIа адыгэ лъэпкъыр къулейщ апхуэдэ цIыху нэхукIэ. «Нур» журналым и унафэщI, усакIуэ Абро­къуэ Бэллэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ! Макъ зэщIэжьыуэ - ар си гум къохьэ Бэллэ и гугъу щысщIым деж. Адыгэ радиом щылажьэм щы­гъуэ, и макъыр радиом и зы нэщэнэ гуэр хуэдэу хъуат.

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ лэжьыгъэхэр

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщалъхуа икIи къыщыхъуа ди лъэпкъэгъу сурэтыщI, къэ­­хутакIуэ Бэрзэдж Чэгъэду (Зак Кахадо) и «Существование-сосуществование» выставкэ гъэщIэгъуэныр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Лъэпкъ му­­­зейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке