Сурэт щIыным дапщэщи зыхуэбгъасэ хъунущ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Жылэ Къантемыр и «GOgen» студием и гъэсэнхэм я сурэтхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщ­рахьащ Жылэ Къантемыр илъэс зы-тIум къриубыдэу зыдэлэжьа гупым я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр. Абы яхэтщ мазэм къыщыщIэ­дзауэ илъэситIым нэблагъэкIэ сту­дием екIуалIэхэр. Сурэт щIыным дихьэххэм я ныбжьыр илъэси 7-м щегъэжьауэ илъэс 80-м ноблагъэ.
- Иджыри зымащIэкIэ узэIэ­бэкIыжмэ, сурэт щIыным дихьэх си гъэсэнхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зэгуэр апхуэдэ лэжьыгъэхэр яхуэщIыну. Гъэлъэгъуэныгъэр и щы­хьэтщ сурэт щIыным удихьэхмэ, гукъыдэж уиIэмэ, сыт хуэдэ ныбжьым уимытми абы зыхуэбгъэсэну зэры­мыкIасэм, - жеIэ Жылэ Къантемыр. - Академическэ щIэныгъэ зиIи, сурэт щIынымкIэ школ е институт къэзыухаи си гупым яхэткъым. Я Iуэху еплъыкIэ, гупсысэкIэ яIэжу си деж къакIуэхэм садоIэпыкъу сурэтыщI гъуазджэм ехьэлIа я ­хъуэпсапIэхэр къехъулIэ­нымкIэ, я зэфIэ­кIым зегъэужьынымкIэ. Си гъэ­сэнхэр щIэныгъэ зиIэ ­художникхэм къазэрыщхьэщыкIыр ахъ­шэ къралэжь мыхъуу, я псэм фIэфI Iуэхум зэрыпэрытым гукъыдэж къазэрыритырщ.
Выставкэр тхьэмахуитIкIэ зэIухауэ щытынущ. Ар яхуэгъэзащ сурэтыщI гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.