Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэзыгъэуIу зэхуэсым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ хабзэр хъумэныр къы­зэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэ­зыгъэуIу зэхуэсым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жыла­гъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым я зэIущIэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъумэ, кIэлъыплъа­кIуэ органхэм, министерствэхэм я уна­фэщI­хэр, республикэм и ­муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащ­хьэхэр.
Псалъэмакъыр нэхъыбэу теухуауэ щытащ «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэн­шэ­хэр», «ПсэупIэмрэ къалэ щIы­налъэм­рэ», «Экологие» лъэпкъ, федеральнэ проектхэр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм. Докладхэр ящIащ КъБР-м транс­портымрэ гъуэгу ­хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м щIы­уэпсым и хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс сымэ.
ДыщэкI Аслъэн къызэригъэлъэгъуамкIэ, гъуэгум къыщыхъу щIэщхъухэр ягъэ­мэ­щIэн мурадкIэ нэхъыбэрэ фэбжьхэр къыщыхъуу къалъыта щIыпIэхэм хиу­быдэу метр 300 ирагъэбыдэкIащ, гъуэгу напщIэу метр 400-м кIапсэхэр щаукъуэдиящ, светофор зэмылIэужьыгъуэхэр, уэздыгъэхэр щы­фIадзащ. Зэгъэпэщыжын яухащ «Кавказ» автомобиль гъуэгум хиу­быдэу Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щегъэжьауэ Налшык и дыхьэпIэм нэс, Бахъсэн къалэм кIуэцI­рыкI гъуэгур, Аруан къуажэм щегъэжьауэ Аушыджэр къуа­жэм и дэкIыпIэм нэс, Аушыджэр къуажэм щегъэжьауэ Къэщкъэтау посёлкэм нэс. Апхуэдэу «Кавказ» автомобиль гъуэгум щыщу километр 37-м зрагъэубгъу автомашинэхэр сатыриплIу щызекIуэфын хуэдэу. Шэджэм къалэм иджыпсту щолэжь парк комплексыр зы­хуей хуэгъэ­зэным. Урысейпсо IэIэтым ипкъ иткIэ яубзыхуахэм хиубыдэу 2022 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ муниципальнэ жылагъуэу 7.
Республикэм и Iэтащхьэм мы IэнатIэм и унафэщIхэм яхуигъэуващ ирагъэкIуэкI лэ­жьыгъэхэм я фIагъымрэ ахэр щызэфIагъэкIын хуей пIалъэхэм къыкIэрымыхуу зэ­рылажьэмрэ ткIийуэ кIэлъыплъыну. КIуэ­кIуэ Казбек Iуэхур зэгъэщIылIа ми­нистрхэмрэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ гу лъаригъэтащ жылагъуэхэм я зэIузэ­пэщыныгъэм иджыпсту мыхьэнэ хэха зэ­риIэм. «Подрядчикхэм ягурыгъэ­Iуэн хуейщ, - къыхигъэщхьэхукIащ абы, - мы Iуэхур ­социальнэ политикэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрыпыщIар. ЗэIузэпэщ псэукIэ зиIэ са­бийхэр къэзыухъуреихь ­дунейм нэгъуэщI нэкIэ йоплъ. Сабий ­джэгупIэхэр, паркхэр, лъэс зекIуапIэхэр зэщIэкъуауэ, дахэу ­къабзэлъабзэу щы­тыпхъэщ. Подрядчикхэр я къалэнхэм бгъэдэтын хуейщ, езыхэм я унагъуэ лэ­жьыгъэ ирагъэкIуэкIым хуэдэу».
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьащ хьэ­зыр ящI ухуэныгъэхэр лажьэу зэраутIыпщ щIыкIэр зэрахъуэкIыну, апхуэдэ къэп­щы­тэныгъэхэр зыхуэфащэ IэщIагъэлIхэр зыхиубыдэ комиссэхэм ирагъэкIуэкIыну.
Коронавирус уз зэрыцIалэр къызэ­щIэ­рыуэжу зэрыхуежьам къыхэкIыу УФ-м и лъэпкъ шынагъуэншагъэр гъэбыдэным икIи а узыфэм земыгъэубгъуным хуэу­нэтIа зи чэзу Iуэхухэр дэгъэкIыным зэIущIэм ­гулъытэ хэха щыхуащIащ.
«Роспотребнадзор»-м и Управленэу ­КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн нэхъ тригъэчыныхьащ республикэм къакIуэ цIыхухэр къэрал гъунапкъэм къы­щызэпрыкIкIэ санитар-карантин къэпщы­тэныгъэ къызэрагъэпэщын папщIэ абы­-хэм анкетэ щхьэхуэ ятхын зэрыхуейм. Ап­хуэдэу нэгъуэщI къэралхэм къикIа цIыху­-хэм я къалэнщ коронавирус узыфэм теухуауэ лабораторэ къэпщытэныгъэхэр махуищым къриубыдэу зэфIагъэкIыну. Апхуэдэу абы жиIащ мы уз шынагъуэр къызэрежьэрэ административнэ къуан­шагъэхэм ятеухуауэ протоколу 196-рэ «Роспотребнадзор»-м и Управленэу ­КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм зэратхар. Абыхэм япкъ иткIэ судхэм къащтащ административнэ ­къуаншагъэхэр зэралэжьам теухуа унафэу 106-рэ икIи ягъэ­къуаншэхэм псори зэхэту сом мелуан 1,2-кIэ етхьэ­къуащ.
Апхуэдэу зэIущIэм щыхэплъащ ягъэтIысауэ щытахэм ящыщу ди щIыналъэм зэпымыууэ щыпсэуну къэзыгъэзэжахэр ­гъащIэм хэгъэзэгъэжыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэм. Абы теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министр Асанов Алим, Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру ­КъБР-м щыIэ Павлов Василий, Урысейм и Банкым и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Храпуновэ Аллэ сымэ тепсэлъыхьащ финанс хьэгъэщагъэхэм ятеухуа интернет джэгухэр кIуэ­тэху нэхъыбэ зэрыхъум. ЩIэпхъаджащIэхэм къы­зэрагъэпэщ интернет проектхэм цIэрэ щхьэрэ зиIэ цIыхухэр гъэпцIагъэкIэ щыхашэ икIи ахэр къагъэсэбэпурэ цIыхухэм ахъ­шэшхуэ щыфIашх къохъу. Абы хиубыдэу къызэхуэсахэм къагъэлъэгъуащ хабзэн­шагъэхэр къэмыгъэ­хъунымкIэ банк IэнатIэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIауэ зэ­дэлэжьэн икIи профилактикэ Iуэхухэр щIагъэхуэбжьэн зэры­хуейр.
Зыхэплъа Iуэхухэм япкъ иткIэ зэIущIэм унафэ пыухыкIахэр къыщащтащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.