Къагъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и уна­фэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил Урысейм и махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гуапэ иригъэ­кIуэ­кIащ, цIыхур мафIэсым къезыгъэлахэр гъэлъэпIэ­ным теухуауэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм накъыгъэм и 24-м Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым къатиб­гъуу зэтет унэм и фэтэрхэм я зым мафIэс къыщыхъуат. Ар зылъэгъуа ЩIанкIэ Тембулэт, Амщокъуэ Аскэр, Фрий Валерэ сымэ занщIэу ма­фIэс­гъэункIыфI­хэр къраджэщ, унэм щIэ­лъадэри, фэтэрхэм щыпсэухэм къэхъуар жраIащ. Ахэр къыщIэшынымкIэ сэбэп хъуащ. МафIэс-къегъэ­лакIуэхэр къэса иужь щIалэщIэхэр абыхэми ядэIэ­пыкъуащ
Къагъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщ­хьэу КъБР-м щыIэм и фIыщIэ тхылъ­хэр яритащ Амщокъуэ Аскэр Тембот и къуэмрэ ЩIанкIэ Тембулэт Нурбий и къуэмрэ.
- Фэ къэвгъэлъэгъуар лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэщ. Дэ гулъытэн­шэу къытхуэгъэнакъым щIалэщIэ хахуэхэр икIи Управленэ нэхъыщ­хьэм и унафэщIхэм къабгъэдэкIыу абыхэм фIыщIэ яхуэсщIыну си гуа­пэщ, - жи­Iащ Надежин Михаил.

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.