Статьи на кабардинском языке

Хуитыныгъэм пщIэ щIат

Куэцэ Пщымахуэ теухуауэ Тыркум къыщыдэкIа тхылъым и жинтыр. Зытхар Бэрзэдж Сэфэрщ. Анкара, 2011 гъ.

КIуэкIуэ Казбек: «ФокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ екIуэкIыну Iуэху нэхъыщхьэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъум ехьэлIауэ щытын хуейщ»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ махуэшхуэм пыщIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр егъэ­кIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

ЗэфIагъэкIар къапщытэж

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр ще­дэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэр 2020 гъэм зэ­лэжьахэм къри­кIуам.

ЗауэлIым и щIыхьыр

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъ­къэрым щиIэ управленэм иригъэкIуэкI «Фэеплъым и хъумакIуэ» къэралпсо акцэм къриубыдэу, Май щIыналъэм иджы­благъэ щекIуэкIащ Хэку зауэш­хуэм хэта, хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэхэм ящыщ совет зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтыжахэр щIэлъхьэжыным епха Iуэхухэр. Ахэр зэфIагъэкIащ апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм.

«Напэм и пэ псэр ихуэ» - аращ адыгэм и щIэныгъэр, и хабзэр

Мы дунейр цIыхум егъэдахэ гуапагъэкIэ, гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ. Уардэрэ пагэу къигъэщIа адыгэ лъэпкъыр къулейщ апхуэдэ цIыху нэхукIэ. «Нур» журналым и унафэщI, усакIуэ Абро­къуэ Бэллэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ! Макъ зэщIэжьыуэ - ар си гум къохьэ Бэллэ и гугъу щысщIым деж. Адыгэ радиом щылажьэм щы­гъуэ, и макъыр радиом и зы нэщэнэ гуэр хуэдэу хъуат.

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ лэжьыгъэхэр

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщалъхуа икIи къыщыхъуа ди лъэпкъэгъу сурэтыщI, къэ­­хутакIуэ Бэрзэдж Чэгъэду (Зак Кахадо) и «Существование-сосуществование» выставкэ гъэщIэгъуэныр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Лъэпкъ му­­­зейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Май щIыналъэм и социальнэ IуэхущIапIэхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм Май щIыналъэм и социальнэ Iуэху­щIа­пIэхэм я лэ­жьэкIэр зри­гъэлъэгъуащ. КIуэкIуэ Казбекрэ щIыпIэ администрацэм и унафэщI Саенкэ Татьянэрэ теп­сэ­лъыхьащ районым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зи чэзу къалэнхэм.

ЩIэтIысхьэгъуэм зыхуагъэхьэзыр

Мэкъуауэгъуэм и ­20-м щегъэжьауэ Урысейм еджапIэ нэхъыщ­хьэу итым зэрыщIагъэ­тIысхьэ Iуэхугъуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ щIа­дзащ. А лэжьыгъэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетми мы махуэ­хэм ехьэжьауэ щокIуэкI.

Узыншагъэм и хъумакIуэхэр ягъэлъапIэ

Мэкъуауэгъуэм и 20-м Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм ща­гъэлъэ­пIащ медицинэм и лэжьа­кIуэ 30 хуэдиз. ФIы и лъэныкъуэкIэ зыкъэзыгъэ­лъэ­гъуа дохутырхэм, фельдшерхэм, медсестрахэм, лаборантхэм хуагъэфэща къэ­рал дамыгъэхэр яритащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Путин Владимир «Урысей зэкъуэтым» и ХХ съездым къыщыпсэлъащ

«Урысей зэкъуэт» партым Москва къалэм дыгъуасэ щригъэкIуэкIа ХХ съездым хэтащ КIуэкIуэ Казбек и пашэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа делегацэр.
Урысейм и Президент Путин Владимир Владимир и къуэм «Урысей зэ­къуэтым» и съездым къыщипсэлъар ди республикэм и Iэтащхьэм а зэхыхьэшхуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къилъытащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке