Статьи на кабардинском языке

Псэм къигъэщIа сурэтхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ще­кIуэкIащ Тыркум щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм я щIэблэ Бзаджэ Эргун и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

Пащтыхь гуащэ Рание адыгэхэм я хьэщIэщ

Иорданием и пащтыхь ­гуа­щэ Рание гулъытэрэ гуа­пагърэ зыхэлъ бзылъ­хугъэщ. Абы фIэфIщ къэ­ра­лым ис цIыхухэм яхы­хьэну, епсэлъэну, я гуры­гъу-гуры­щIэ­хэр зригъащIэурэ ядэIэ­пыкъуну.

Иужьыр гум къонэж

«Форте» (Таганрог) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 0:0. Таганрог. «Форте арена» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 21-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
Судьяхэр: Къуэшыкъуэ (Белореченск), Даниленкэ (Волгоград), Хатмуллин (Химки).

Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ щытщIэн хуейр мащIэкъым

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм щытеп­сэлъыхьащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызрагъэужь технологиехэр зыхуэдэмрэ абы ехьэ­лIауэ щыIэ гугъуехь­хэмрэ.

КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ

КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 21-м лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм.

Гузэгъэгъуэ къозыт

КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрым щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр щолажьэ. Абыхэм ящыщщ IуэхущIапIэм и Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм телефонкIэ щыхуащIэ секторым и лэжьакIуэ Серкэ Дианэ. Мы гъэм коронавирусым зиубгъун зэрыщIидзэрэ зи Iуэхур нэхъ гугъу хъуахэм а IэнатIэр ящыщщ, сыту жыпIэмэ IэщIагъэлIхэм я нэхъыбэм я лэжьыгъэр цIыху­хэм япэIэщIэу къызэрагъэпэщын хуей ­хъуащ.

Шылэм дыщэпскIэ хэдыкIауэ

Азербайджаным щыщ сурэтыщI Мамедзаде Тунзалэ и IэдакъэщIэкI телъыджэм муслъымэн дунейр итхьэкъуащ. Бзылъхугъэм шылэ хъа­рым дыщэпскIэ къурIэныр зэ­ры­щыту хидыкIащ.

«Шу хасэм» и зи чэзу зэхуэс екIуэкIащ

Шы Iуэхум епхауэ иужьрей зэманым лэжьыгъэ щхьэпэ куэд республикэми абы и щIыбкIи зэрыщекIуэкIыр ди нэгум щIокI. Псом ­нэхърэ нэхъыщхьэр а жэрдэмхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэбгрыдза лъэпкъыр зэрыубыдыжынымкIэ, адыгэшым и пщIэм къэралми дунейми зыщиубгъунымкIэ зэ­рыщ­хьэ­пэрщ.

КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабым и зэIущIэр

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету щэкIуэгъуэм и 18-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зэрырагъэ­кIуэ­кIым кIэлъыплъ оперативнэ штабым и зи чэзу зэIущIэр.
Абы щыхэплъащ щIыналъэм щыщыIэ санитар-эпидемиологие щы­тыкIэмрэ COVID-19-м пэщIэ­ты­ным хуэгъэзауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ.

Шэрджэс Екатеринэ

«Екатерина Черкеза» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна бзылъ­хугъэр Молдовэ къэралыгъуэм и пащтыхь Лупу Васи­лий и щхьэ­гъусэу щыта адыгэпхъут. «Молдовэм и тхыдэм зи цIэ къыхэна зы бзылъхугъэ - Шэрджэс Екатеринэ» («Екатерина Черкешенка - жена гос­подаря Василия Лупу. Судьба одной женщины в истории Молдовы») - ар и фIэщыгъэщ нобэ ди щIэ­джы­кIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну тфIэи­гъуэ лэжьыгъэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке