Статьи на кабардинском языке

ЦIыхухэм загъэпсэху

«Каникулы с Общественным советом» Урысейпсо акцэм хыхьэу «Вершина» санаторэм къыщызэIухащ «Лидер» сменэм и етIуанэ Iыхьэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, загъэпсэхуну, гъэ еджэгъуэщIэм щищIидзэжым ирихьэлIэу къару зрагъэгъуэтыну мыбы къэкIуащ республикэм и куей зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа школакIуэ 50.

Малика и проектыр токIуэ

Ди къэралым илъэс зыбжанэ хъуауэ щокIуэкI щIалэгъуалэ ныбжьыщIэхэм я проектхэр утыку къыщрахьэ икIи щыпхагъэкI «Урысейр Iэмалхэр хуиту къыщагъэсэбэп къэралщ» Iуэхугъуэм и «Таврида» зэ­пеуэр. Ар къызэрегъэпэщ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм.

Унагъуэм и пщIэм хагъэхъуэн мурадкIэ

ХьэрычэтыщIэ, псапащIэ, IVS IуэхущIапIэм и унафэщI ­Нэ­хущ Азэмэт и жэрдэмкIэ къы­халъ­хьа «Унагъуэ» Iуэху щхьэпэр ирагъэ­жьащ.

Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ укъыщыхуэплъэ­кIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теу­вапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэ­зылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэ­дзэн шытххэр Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм, адрей хэгъэгухэм зэрыхуэбгъэдэн щымыIэу, гъу­нэгъу дыдэ щызэхуохъу, ауэ, абы къыдэкIуэуи, тыншу зэхы­боцIыхукI.

НыбжьыщIэхэри егъэджакIуэхэри щогуфIыкI

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIэблэщIэ гвардие» зэщIэхъееныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм мы махуэхэм лэжьыгъэ щхьэпэ щызэфIахащ. Зэгухьэныгъэм и унафэщI Абазэ Албэч я пашэу, зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэт щIалэгъуалэм Налшык и курыт школ ­№10-м къедза щIыпIэм къыщызэрагъэпэщащ спорт утыку хъарзынэ.

Зи улахуэр бюджетым къыхэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм щыхагъэхъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуа Iуэху­хэм щыхэплъа зэIущIэ.

НаIуэ къохъу кърахьэжьа Iуэхухэм я фIагъыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ХъумапIэ банкым хыхьэ Ипщэ-КъухьэпIэ банкым и унафэщI Титов Евгений зэIущIэ дригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэ­лъыхьащ хьэрычэтыщIэ Iэмалхэм, ухуэныгъэ къудамэм щызекIуэ ­уасэхэм, цIыхубэ гъащIэмрэ сату Iуэхухэмрэ ефIэкIуэн папщIэ мыхьэнэ пажэ зиIэ къэрал программэхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм.

ЦIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыж

Бадзэуэгъуэм и 22-м ягу къагъэкIыжащ ­КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ я къэрал саугъэтхэм я лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 107-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

«Къэбэрдей-Балъкъэрыр - псоми ди зэхуэдэ унэщ»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ къэралпсо форум иным хиубыдэ зэIущIэ  иджыблагъэ  Аруан щIыналъэм и щыхьэр Нарткъалэ щыIащ. Ди республикэм етIуанэу щекIуэкI иджырей зэхуэсыр ирагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум.

КIуэкIуэ Казбек эфир занщIэкIэ цIыхухэм епсэлъэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 29-м эфир занщIэкIэ цIыхухэм епсэлъэнущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жэуап яритынущ республикэм щыщхэм я упщIэхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке