|
Статьи на кабардинском языке
26 октября, 2020 - 06:46
Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэт Iуэху иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ Аруан щIыналъэм и ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм.
26 октября, 2020 - 06:43
Куэдрэ хьэлъэу сымэджа нэужь, илъэс 87-м иту 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м дунейм ехыжащ Чым Евгение Музэчыр и пхъур.
Евгение Музэчыр и пхъум и лэжьыгъэ гъуэгуанэм 1979 гъэм Iуэ- хугъуэшхуэ къыщыхъуащ - ар КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм апхуэдэ дзыхь зрагъэза зэрахэтым мыхьэнэшхуэ иIэт.
26 октября, 2020 - 06:39
ЕгъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, Iуэху зэдэщIэнымкIэ урысей зэгухьэныгъэм (Истамбыл къалэм) щекIуэкIащ «Урысейм хыхьэ Кавказыр зыдогъэцIыху» ещанэ дунейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэм и презентацэр. 2020 гъэм «Урысейм хыхьэ Кавказыр зыдогъэцIыху» проектым текIуэныгъэ къыщихьащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къызэригъэпэщ урысейпсо зэхьэзэхуэм.
23 октября, 2020 - 06:27
Топджэгум гъуащхьэтетым мыхьэнэшхуэ дыдэ щиIэщ. Абы куэдкIэ елъытащ гупым и ехъулIэныгъэри хэщIыныгъэри. Налшык и «Спартак»-м къикIуа гъуэгуанэ кIыхьым гъуащхьэтет ахъырзэман зыбжанэ хэтащ.
21 октября, 2020 - 07:16
ИлъэситI ипэкIэ, 2018 гъэм и жэпуэугъуэ мазэм, Аргентинэм и къалащхьэ Буэнос-Айрес щекIуэкIащ НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. БэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэм абы дыщэ медалыр къыщихьащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щыщ Тембот Ахьмэдхъан.
21 октября, 2020 - 07:12
УФ-ми КъБАССР-ми щIыхь зиIэ я артист, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгейми я къэрал саугъэтхэм я лауреат, режиссёр, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ, тхакIуэ, драматург, егъэджакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр псэужамэ, жэпуэгъуэм и 15-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
20 октября, 2020 - 06:43
Налшык ЩэнхабзэмкIэ и фондым къыщызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Кочергин Владимир и лэжьыгъэ имыгъэлъэгъуахэм я выставкэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ художник цIэрыIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм ящыщу нэхъапэкIэ утыку кърамыхьахэр.
20 октября, 2020 - 06:38
Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей жылэм дэт курыт школ №1-м и нэIэм щIэту къыщызэIуахащ цIыкIу 60 зыщIэхуэну сабий гъэсапIэщIэ. Абы иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ щIыналъэм и унафэщIхэр, абы щылажьэ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
20 октября, 2020 - 06:34
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ «Экология» лъэпкъ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщагъэзащIэр.
19 октября, 2020 - 07:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ УФСИН-м и лэжьакIуэ ТIэрэш Хьэсэн къыщыхэжаныкIащ Урысей Федерацэм бгырыпх бэнэкIэмкIэ и чемпионатым.
Страницы
|