КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабым и зэIущIэр

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету щэкIуэгъуэм и 18-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зэрырагъэ­кIуэ­кIым кIэлъыплъ оперативнэ штабым и зи чэзу зэIущIэр.
Абы щыхэплъащ щIыналъэм щыщыIэ санитар-эпидемиологие щы­тыкIэмрэ COVID-19-м пэщIэ­ты­ным хуэгъэзауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ.
Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм дуней псом зыщыщиубгъу мы лъэхъэнэм ди щIыналъэм абы и лъэныкъуэкIэ и Iуэху зыIутым и гугъу щищIым, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ эпидемиологие щытыкIэр гугъуу зэ­рыщытыр, абы къыдэкIуэу фIы и лъэ­ныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэри зэрыщыIэр. Апхуэдэу, хэпщIыкIыу нэ­хъыбэ хъуркъым сымаджэу махуэ къэс къахутэхэм я бжыгъэр, махуищ зэкIэлъыкIуэм къызэрагъэлъэгъуам­кIэ, ягъэхъужахэм нэхърэ нэхъ мащIэщ узыфэр зэуэлIахэм я бжыгъэр. Госпиталхэм щIэлъхэр тхьэма­хуи­щым щIигъуауэ цIыху 1500 - 1530-м тетщ. КТ-къэпщытэныгъэхэм наIуэ къы­зэращIамкIэ, сымаджэщым щIэмылъу зи тхьэмбылыр уз хъуахэм я бжыгъэри йох.
А зэхъуэкIыныгъэфIхэм адэкIи къы­хагъэхъуэн папщIэ КъБР-м и къэрал, муниципальнэ властым и органхэм, щытыкIэмкIэ жэуап зыхь IэнатIэхэм пщэрылъ щащIащ профилактикэ мардэхэм тетын зэры­хуейр цIыхухэм гурагъэIуэным теухуа лэжьыгъэм пащэну.
«Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIамкIэ, 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус узыфэр цIыху 11629-м къащеуэлIауэ къахутащ, абыхэм ящыщу 8541-р хъужащ, 186-рэ илIы­кIащ. Тест къэпщытэныгъэу мин 267-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Госпиталхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыху 1531-м щагъуэт, абыхэм ящыщу 88-р реанимацэхэм щIэлъщ, 13-р ИВЛ IэмэпсымэхэмкIэ ягъэбауэ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, ко­ро­навирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкъ­рытхэм щеIэзэ госпиталу республикэм бгъу щолажьэ, псори зэхэту ­гъуэлъыпIэ 1852-рэ щIэту, абыхэм ящыщу 1048-м цIыхур кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр ешэлIащ. Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къалэну къахуигъэувахэр, абыхэм сымаджэхэр гъуэ­лъыпIэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэ­пэщынри яхэту, процент 214,1-кIэ ягъэзэщIащ.
Узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэ­хэр зэуэлIахэр щагъэхъуж госпиталхэм я лэжьыгъэр къызэрагъэпэщ ­дохутыр 360-м, курыт, нэхъыщIэ ме­ди­цинэ лэжьакIуэу 991-м. COVID-19-р­ япкърыту къахута сымаджэ 1548-м мы зэманым амбулаторнэу йоIэзэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэу амбулаторнэу ягъэхъужхэм чэнджэщхэр ягъуэтынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъун къалэныр зи пщэ дэлъ республикэ телемедицинэ центрым и лэжьыгъэми пещэ. Абы и IуэхущIафэхэр нэхъыщхьэу унэтIыныгъищым хуэгъэпсащ - телефонкIэ закъыхуэзыгъазэ сымаджэхэм жэуап етыныр, поликлиникэхэм я терапевтхэм видеозэпы­щIэ­ныгъэкIэ чэнджэщэгъу яхуэхъуныр, апхуэдэуи амбулаторнэу зыкIэ­лъыплъ сымаджэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъыныр, ахэр зэрагъэхъуж Iэмалхэм набдзэгубдзаплъэу я нэIэ тетыныр. 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыщыщIэдзауэ центрым и лэжьакIуэхэм видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ цIыхуи 124-м епсэлъащ, телефонкIэ 455-м я упщIэхэм жэуап иратащ, амбулаторнэу зэIэзэ цIыху ­182-м я щытыкIэм щыгъуазэ защIащ.
Оперативнэ штабым хэтхэм захуигъазэри, КIуэкIуэ Казбек гулъытэ хэха хуищIащ коронавирус узыфэм теухуауэ щыIэ щытыкIэр щызэп­кърахыу УФ-м и Правительствэм хэтхэм къэралым и Президентым щэкIуэгъуэм и 18-м ядригъэкIуэкIа зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэну къыщигъэувахэм.
Къапщтэмэ, къэралым и Уна­фэщIым къалэн зэращищIам тету, хагъэхъуэнущ хущхъуэу къыщIагъэкIым, къэрал, щIыналъэ аптекэхэм ахэр ирикъуу яIэрыхьэн папщIэ. Апхуэдэуи нэхъыбэ ящIын ­хуейщ махуэ къэс ирагъэкIуэкI тест къэпщытэныгъэхэр икIи КъБР-м щыпсэухэм абы кърикIуахэр нэхъ псынщIэу къащIэн щхьэкIэ а лэжьыгъэм зэману трагъэкIуадэр ягъэ­мэщIапхъэщ.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм гулъытэ щхьэхуэ хуищIащ поликлиникэхэр транспорткIэ къызэгъэпэщыным. КIуэ­кIуэ К. В. абыкIэ жэуап зыхь IэнатIэхэм къалэн ящищIащ поликлиникэхэр зыхущыщIэ транспорт къахуэщэхуным теухуа Iуэхур икIэ­щIыпIэкIэ зэфIагъэкIыну.
Урысей Федерацэм и Правительс­т­вэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ къэралым и Президентым иригъэкIуэкIа зэIущIэм зэрыщыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ амбулаторнэу зэIэзэ сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ пщIэ­ншэу къызэгъэпэщыным хуэу­нэтIа зэгурыIуэныгъэ лIэужьыгъуэ псори нэсу (процентищэкIэ) щызэращIылIа щIыналъэхэм. КIуэкIуэ Казбек ­КъБР-м и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм фIыщIэ яхуищIащ а Iуэхум жыджэру яужь зэритым папщIэ икIи ам­булаторнэу ягъэхъуж сымаджэхэр зыхуей хъу хущхъуэхэмкIэ и чэзум къызэгъэпэщыным ткIийуэ я нэIэ трагъэтыну ахэр къыхуриджащ.
Республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэм щхьэхуэу фIыщIэшхуэ щахуи­щIащ узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм я лэжьакIуэхэм. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм и цIыху куэдым дохутырхэм, сыма­джэщ­хэм я лэжьакIуэ псоми со­циаль­нэ сетхэмкIэ фIыщIэ зэрыхуа­щIыр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.