|
Статьи на кабардинском языке
13 января, 2022 - 04:13
Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм.
12 января, 2022 - 06:29
Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Ачмыжь ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ дуней. Зэм лIыжь жьакIэхур мэгупсысэ, зэм шыкIэпшынэ зыIыгъ пщащэр къытхуогуфIэ, зэм адыгэшхэр зэдолъ, зэми къэфакIуэхэр утыку къохьэ.
12 января, 2022 - 06:28
«Дохутырым епсэлъа иужь сымаджэр нэхъыфI мыхъуамэ, ар дохутыр хъунукъым», - жиIэгъащ Бехтерев Владимир. Республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым и «Пульмонологие» къудамэм и унафэщI КIуащ Залинэ Мухьэрбий и пхъур сэбэп зыхуэхъуа адэ-анэхэр къыхуэарэзыуэ сымаджэщым Интернетым щиIэ напэкIуэцIым щатх псалъэ гуапэхэр, фIыщIэмрэ щытхъумрэ гъунэжщ.
12 января, 2022 - 06:27
«Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.
11 января, 2022 - 06:19
Мы цIэр зезыхьэ бгыр Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зыщ (и уардагъэкIэ псоми ефIэкI Iуащхьэмахуэ зэлъэгэкIыр тIэкIу нэхъ хуэищхъэрэкIэ щыIэ Гуэдзэн Шытхырщ).
11 января, 2022 - 06:19
Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех.
11 января, 2022 - 06:18
Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Сурэт IэрыкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ». Абы утыку къыщрахьат данэ щэкI бгъузэкIэ, цы, шылэ IуданэхэмкIэ хэдыкIа сурэтхэр.
«IэпщIэлъапщIэ дыжьынхэр» проектым хэт бзылъхугъэхэм я IэдакъэщIэкIщ мыхэр.
2 января, 2022 - 07:30
Урысей сурэтыщI, график цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор, Красноярск дэт ксилографие школыр къызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI, 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ СССР-ми УФ-ми я Художникхэм я зэгухьэныгъэхэм, 1975 гъэ лъандэ-рэ ди къэралым и Журналистхэм я союзым хэт Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэ-лIэу зэхаша I
1 января, 2022 - 07:30
Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ щIыкIа- фIэ Къуэдз Аксанэ щызэзгъэцIыхуар Германиеращ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы къыщызэрагъэпэща, Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалым щыщ зы пшыхьыр езыгъэкIуэкIар Аксанэт. Хэкум икIахэр дыдихьэхат абы Iурылъ адыгэбзэм и къабзагъымрэ лъэпкъ Iуэхум хуэнэхъуеиншэу хамэ щIыпIэ зэрисымрэ.
1 января, 2022 - 07:30
КъызэднэкI илъэсым и кIэухым иджыри зы адыгэ фильм дунейм къытехьащ. Мейкъуапэ щагъэлъэгъуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, режиссёр, сценарист Даур Хъусен триха «Пщы Марыхъу» тхыдэ-художественнэ фильмыр. СыхьэтитIкIэ екIуэкI кином къыщыгъэлъэгъуащ натыхъуеипщым и лIыгъэмрэ и гъащIэ гъуэгуанэмрэ.
Страницы
|