Пащтыхь гуащэ Рание адыгэхэм я хьэщIэщ

Иорданием и пащтыхь ­гуа­щэ Рание гулъытэрэ гуа­пагърэ зыхэлъ бзылъ­хугъэщ. Абы фIэфIщ къэ­ра­лым ис цIыхухэм яхы­хьэну, епсэлъэну, я гуры­гъу-гуры­щIэ­хэр зригъащIэурэ ядэIэ­пыкъуну.
Пащтыхь гуащэр иджы­б­лагъэ щыIащ Адыгэ щэнхабзэмкIэ дунейпсо ака­демиеу Иорданием щы­лажьэм. ЩIыналъэм щы­хэ­хэс шэрджэсхэм я тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр зэра­хъу­мэж ­Iэ­малхэр зригъэ­лъа­гъун, лъэп­къыр зэрыгуш­хуэ хъу­гъуэфIыгъуэхэр зыхуэ­дэр зри­гъэщIэн мурадкIэ, я адэжь щIэинхэр щахъумэ академием кIуауэ арат Раниея.
Адыгэ щэнхабзэ академиер зыгъэлажьэ Хъуажь Лейлэ, абы и дэIэпыкъуэгъу Хьэтх Инал сымэ, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм яхуэзащ пащтыхь гуащэр икIи езыр зыщIэупщIахэм я жэуапу Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм жаIащ ­Iэмал зэрагъуэткIэ, щIэб­лэм анэдэлъхубзэр, лъэпкъ Iэ­щIа­гъэхэр, я адэжьхэм зэрахьа хабзэхэр зэры­рагъэ­щIэным иужь зэритыр, «Бгырыс бынхэр» ансамбль лъэщ зэраIэр.
КъэфакIуэ гупым хэт пща­щэхэм хьэщIэ лъа­пIэм жраIэжащ Хьэтх Инал и нэIэм щIэту зэрызагъасэр, хамэ къэралхэм къы­щы­зэрагъэпэщ фес­тиваль зэ­мылIэужьыгъуэ­хэм зэры­хэ­тыр, апхуэдэу Израилым и Кфар-Камэ жылэм щыпсэу адыгэхэм я дежи, Мей­къуапэ иджы­благъэ ще­кIуэкIа Адыгэ щэнхабзэмкIэ VIII дунейпсо фестивалми зэрызыкъыщагъэлъэ­гъуар.
Хъуажь Лейлэрэ Хьэтх Иналрэ академием и къа­лэн нэхъыщхьэхэмрэ нобэ и Iуэху зыIутымрэ пащтыхь гуащэм хуа­Iуэ­та нэужь, адыгэхэм ­къазэрыхыхьар игу къинэ­жын хуэдэу, бзылъ­хугъэхэм зэрызагъэдахэ хьэпшып Рание тыгъэ хуа­щIащ икIи адыгэ пшыналъэмрэ бэрэбан макъымрэ щIэту «Бгы­рыс бынхэр» ансамблым хэтхэр дахэу къэфащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2025 - 09:12

ЦIыху мини 100-м щIигъу

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ 11-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мини 103,4-рэ.

14.01.2025 - 09:09

Алинэ и Антарктидэр

Антарктидэ жыжьэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ.

14.01.2025 - 09:08

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъы­кIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит ро­зэ­хэм я хьэ­сэхэм деж, къы­­щызэIуахащ. 

14.01.2025 - 08:48

Лъагъуныгъэ

5-нэ Iыхьэ

13.01.2025 - 16:59

Хэхъуэхэр яIэу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъа