|
Статьи на кабардинском языке
22 июля, 2019 - 07:04
Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм къипщытащ шэч зыхуащIхэмрэ ягъэкъуаншэхэмрэ я хуитыныгъэхэр къызэрагъэсэбэпыф щIыкIэр.
22 июля, 2019 - 06:57
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр мы гъэм диплом плъыжькIэ къэзыухахэм вэсэмахуэ еджапIэ нэхъыщхьэм ахэр щратыжащ. Абы теухуа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэмрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и органхэмрэ я лIыкIуэхэр.
18 июля, 2019 - 10:32
Зольск эмда Прохладна районлагъа ишчи жолоучулугъуну кезиуюнде КъМР-ни Башчысыны къуллугъун болжаллы халда толтургъан Казбек Коков жолланы къурулушлары къалай баргъанларына къарагъанды, республиканы районларын байлагъан жолла айырылгъан жерле къалай жарашдырылгъанларын кёргенди.
18 июля, 2019 - 10:25
Балъкъэр усакIуэ Зумакуловэ Танзиля Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гирхожан жылэм 1934 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр зауэ нэужь лъэхъэнэм ирихьэлIати, а зэманым и гугъуехь псори игъэващ. 1940 - 1944 гъэхэм ар щеджащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм. АдэкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным щыпищар балъкъэр лъэпкъыр здаша Къыргъызращ.
18 июля, 2019 - 10:16
Лэжьыгъэ IуэхукIэ Дзэлыкъуэ, Прохладнэ районхэр къыщызэхикIухьым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къипщытащ республикэм и жылагъуэхэр зэпызыщIэ гъуэгущIэхэмрэ транспорт зэхэкIыпIэхэмрэ зэращIыр.
17 июля, 2019 - 07:21
Дуней псом плIэнейрэ и чемпион (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуа, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьа, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и дыщэ медалыр къэзыхьа, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIа, нэгъуэщI лъагапIэ куэдри къызэхъулIа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие къыщалъхуари лъагэу дэлъеиным зыщыхуигъэсари Къэбэрдей-Б
16 июля, 2019 - 07:13
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Жемчужина России Эльбрус-2019» зыфIаща зэIущIэр. Абы хыхьэу къызэIуахащ американ сурэтыщI Лихацкая Еленэ и «Ксило-лето» гъэлъэгъуэныгъэр.
16 июля, 2019 - 07:04
Лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм здэщыIэм, Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и лIыкIуэ Адайле Амджад КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и лэжьакIуэхэр щIыгъуу бадзэуэгъуэм и 13-м щыIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
16 июля, 2019 - 06:55
Бын куэд зиIэ унагъуэхэм я псэупIэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэрадэIэпыкъум, зыхуэфащэ цIыху гупхэр зыхуэныкъуэ хущхъуэ-хэмрэ медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов А. О., КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Хъубий М. Б. сымэ.
15 июля, 2019 - 07:12
Налшык дэт «Театр щхъуантIэм» иджыблагъэ щызэхэтащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр диплом плъыжькIэ мы гъэм къэзыуха цIыху 563-м я щIыхькIэ къызэрагъэпэща пшыхь дахэ.
Страницы
|