Статьи на кабардинском языке

Илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ

Илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ, 1970 гъэм и шыщхьэуIу мазэм и пшагъуэ махуэхэм ящыщ зым, лъакъуэрыгъажэ гуп зэдэжэм хэт совет спортсмен щIалэхэр Инджылызым и къалащхьэм къыщригъэтIысэхащ кхъухьлъатэ абрагъуэм.

ПроектыщIэм гъуэгу егъуэт

ЕджакIуэхэм IэщIагъэ къыхахынымкIэ дэIэпы­къуэгъу яхуэхъу­ным ехьэ­лIа «Шаг в будущее» урысейпсо проектым хыхьэ Iуэхугъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру щокIуэкI. Мы махуэхэм электрон хэщIапIэр (http://bilet-help.worldskills.ru/) къагъэсэбэпурэ проектым хэтыну гукъыдэж зиIэхэр зэхуашэс.

Тхыдэм и пэжыпIэм тетыныр мурад нэхъыщхьэщ

Ставрополь щIыналъэм и Думэм и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ екIуэкIащ «Наша память. Наша гордость. Битва за Кавказ» форумыр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм яригъэцIыхуащ Урысейм и Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэу ягъэувар

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Урысейм и Банкым и къудамэм - КъБР-м щыIэ Лъэпкъ банкым и унафэщIу ягъэува КIэрэф Мурат. ЩIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр и лэжьапIэщIэм ишащ Урысей Федерацэм и Банк Нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ ­нэхъыщхьэм и унафэщI Эберенц Евгений.

КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэ зыбжанэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ мэкъумэшхэкIхэм елэжь промышленностымрэ я ­лэжьакIуэхэм я махуэм и пэ къихуэу щыIащ щIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэ зыбжанэм. КъБР-м и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ КъБР-м и Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Джэрпэджэж къуажэм щы­Iэ, мэкъумэшхэкIхэм елэжь «Шэрэдж ерыскъыхэкIхэр» кооперативым и Iуэху зытетым.

«Черкесский альбом»-р утыку кърахьэ

Санкт-Петербург и «Таврический» къэрал симфоние оркестрым иджы­благъэ концерт ин щитащ Налшык и Театр ЩхъуантIэм.

Тхылъыр IункIыбзэIух телъыджэщ

НыбжьыщIэхэр тхылъ еджэным дегъэхьэхыным хуэунэтIа «Еджэ­ным елIалIэр и лъэпкъым и къэ­кIуэнум иропIейтей» программэм ипкъ иткIэ, хабзэ хъуауэ, ди щIыналъэм гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ «Ди псалъэм къыпэджэжынур» ­литературэ зэпеуэр, «Лъэпкъ, тхыдэ, псэкупсэ гъэсэныгъэхэм лите­ра­турэм щиубыд увыпIэр» проектыр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм Курп лъагапIэхэм тет фэеплъым деж удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ

Кавказым теухуа Зауэшхуэм советыдзэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр щызэхакъута махуэм и щIыхькIэ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэм - советыдзэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр щызэхакъута махуэм - Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ Курп лъагапIэхэм тет фэеплъым деж.

Я гур дыхохъуэ

Мы лъэхъэнэм дэнэкIи щагъэлъапIэ ЕгъэджакIуэм и махуэр. Я IэщIагъэм ­ епха махуэшхуэмкIэ егъэджакIуэхэм йохъуэхъу я нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр. Я унэтIакIуэхэр ящыгъупщэркъым курыт школхэр нэхъапэIуэкIэ къэзыухахэми. Абы и щапхъэщ Налшык и зыгъэпсэхупIэ паркым тхьэмахуэ махуэм щыIа зэхуэзэр.

Гулъытэ зэи щремыщIэ

Хабзэ хъуауэ, жэпуэгъуэ мазэм дэнэкIи щагъэ­лъапIэ Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэр. ПщIэрэ нэмысрэ сыт хуэдэ зэманми зыхуэщIыпхъэ нэхъыжьхэм гулъытэ хэха къызэралэжьым иджыри зэ дрегъэгупсыс абы.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке