Иужьыр гум къонэж

«Форте» (Таганрог) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 0:0. Таганрог. «Форте арена» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 21-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
Судьяхэр: Къуэшыкъуэ (Белореченск), Даниленкэ (Волгоград), Хатмуллин (Химки).
«Форте»: Москаленкэ, Гордеочук, Ахмеджанов, Нестеренкэ, Логуа (Краснов, 78), Захаров И., Моргунов, Черкес (Волков, 90+2), Тюфяков, Коротаев (Скуридин, 77), Юрченкэ (Захаров А., 78).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Шумахуэ, Тебэрды, Джатэрывэ, Бахъсэнокъуэ, Пащты, Багъэтыр (Клышэ, 89), Iэпщацэ, Хьэшыр, Бацэ, ХъутIэ.
Дагъуэ къыхуащIащ: Те­бэр­дым, Iэпщацэм, Багъэ­тырым, Черкес, Ахмеджановым, Бацэм, Тюфяковым, Пащтым.
88-нэ дакъикъэм джэгум къыхахуащ Бацэр.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ диви­зионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэ­хьэ­зэхуэм ипкъ иткIэ мы ­илъэ­сым иужьу зэхэта джэ­гу­гъуэм куэдкIэ елъытат ар зэрызэпагъэуну мазищрэ ныкъуэм къриубыдэу езы спортсменхэми топджэгум дихьэххэми яIэну гукъы­дэ­жыр зыхуэдэнур. Пэжщ, «Спартак-Налшыкым» и деж­кIэ турнир таблицэм ­ абы зэхъуэкIыныгъэ щIа­-гъуэ хилъхьэнутэкъым, ауэ и фащэр зыщыгъхэм я жы­джэрагъымрэ зыкъызэрагъэлъагъуэмрэ гум къинэ­жынут зэрызагъэпсэхуну щIы­­махуэм и кIыхьагъкIэ.
Дунейм и щытыкIэм и ­зэ­ран къекIащ щэбэт кIуам Таганрог щызэпэщIэува-хэм. Жэщым а щIыпIэм къы­щеха япэ уэсым армырами ­мы­щIагъуэ «Форте арена» стадионым и джэгупIэ губгъуэр зэщIигъэщ­тати, футболистхэм абы я лъэр щахуэгъэбыдэртэкъым икIи, япэ дыкъищу къы­хэдгъэщынщи, текIуэ­ныгъэр тIэщIигъэкIащ.
ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр командэхэм трагъэкIуэдащ щы­­тыкIэ гугъум зрагъэзэгъэным. Ахэр езыхэр зэры­зэ­ныкъуэкъум нэхърэ удз щIагъуэ зытемытыж джэгупIэ губгъуэм нэхъ къигъэдзыхэрт. Загъэпсэхуну Iуэхур щынэблэгъаращ лъэ­ны­къуитIым языр япэу ­гъуэм щебгъэрыкIуэфар. ­Ар къызэхъулIар профессионал командэ къызэзыгъэ­пэщыжагъащIэ таганрог­дэсхэм зи IэзагъкIэ ефIэкI «Спартак-Налшыкым» и футболистхэращ. Абы ­игъэгушхуа ди щIалэхэм я тепщэныгъэкIэ джэгум и етIуанэ Iыхьэр екIуэкIащ.
Зэкъым, тIэукъым налшыкдэсхэм топ дагъэкIы-фыну щыщытар. Ди гъуащ­хьауэхэу Бахъсэнокъуэ Алихъан, ХъутIэ Анзор, Бацэ ­Къантемыр сымэ, адрейхэми Iэмал хъарзынэхэр къахукъуэкIырт бжыгъэр къы­зэ­Iуахыну. АрщхьэкIэ сыт щыгъуи зы мащIэ дыдэ яху­рикъужыртэкъым. Зэм губгъуэ хьэлъэм топыр тэ-­мэ­му къащыхуэгъэIу­ры­щIэр­тэкъым, зэми «Фор-те»-м и гъуащхьэхъумэхэм я насыпыр текIуэрт. Арщ­хьэкIэ 88-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэм зыри къадэIэ­пыкъужыфын хуеякъым, «Спартак-Налшыкым» и футболистиплI зэуэ хуэдитI­кIэ нэхъ мащIэ я хьэрхуэ-рэгъухэм я гъуэм щебгъэ­рыкIуам.
Таганрогдэсхэр къезыгъэлар губгъуэм и щыты­кIэращ: топыр зыIыгъа ­Бацэ Къантемыр ар къыдэджэгу­хэми тэмэму яритыфа-къым, езыми Iэмалыр ­къы­­хуэ­­гъэсэбэпакъым, мащIэу щIэцIэнтхъукIри. Арати, текIуэныгъэр къытхуэ­зы­хьыфыну щыта ебгъэ­ры­кIуэныгъэр зы мыхьэнэи имыIэу къызэпыуда хъуащ. Абы иригубжьа Къантемыр топыр зыIэригъэхьэжыну зи­дзащ икIи «Форте»-м и ­гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым, фэбжь иридзынкIэ ­шынагъуэу, ириудащ.
ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэ Къуэшыкъуэ Юнус Бацэм зыкIи щысхьакъым икIи, етIуанэу дагъуэ хуищI­ри, джэгум къыхихуащ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэ­д­гъэщынщи, Белореченск щыщ адыгэ щIалэр а махуэм и лъэпкъэгъухэм ­хуабжьу къытхуэжумартащ. Бацэр джэгум зэрыхихуам къищынэмыщIауэ, абы дагъуэ хуищIащ Тебэрдым, Iэпщацэм, Багъэтырым, Пащ­тым. Iыхьэншэ ищIакъым къызыхэкIар и унэцIэм ­къигъэлъагъуэ хэгъэрейхэм ящыщ Черкеси. Дауи, абы къикIыркъым Къуэшыкъуэм нэфI-ней зэрихьауэ - а щIалэр футбол хабзэм тету лэжьащ.
Арати, Урысей Федера-цэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэр иухащ. Абы кърикIуахэм нэхъ зыуб­гъуауэ иужькIэ дытепсэ­лъы­хьыжыну ди мурадщ, ауэ иджыпстуи пхужыIэнущ «Спартак-Налшыкыр» зыу­жьыныгъэм и гъуэгум аргуэру зэрытеувэжар. Щыхьэ­ту урикъунщ мы Iуэхугъуэр: пэщIэдзэ зэIущIиплIым зы очко фIэкIа къыщамыхьауэ ирагъажьэри, япэ текIуэ­ныгъэр щызыIэрагъэхьа фо­кIадэм (сентябрым) и ­ 6-м лъандэрэ ди щIалэхэм зэ зэкъуэ фIахьауэ аращ. А псом ищIыIужкIэ, иужь джэгугъуиплIым къриубыдэу я гъуэм зы топи къыдрагъэгъэкIакъым, езыхэр блэ­нейрэ къыхэжаныкIащ. Зи гугъу тщIахэр узыгъэгуш­хуэщ икIи къэкIуэну дызы­щыгугъ ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэ быдэщ. АдэкIэ ­Iуэ­хур зэлъытар зэпеуэм и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм зэ­ры­зыхуагъэхьэзырырщ.
Иджы щыгъуазэ фыхуэт­щIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ди­визионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ мы гъэм иужьу зэхэта джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) - СКА (Дон Iус Ростов) - 1:6, «Краснодар-3» (Краснодар) - «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) - 1:5, «Интер» (Черкесск) - «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) - 0:0, «ТIуапсы» (ТIуапсы) - «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) - 2:4, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псы­хуабэ) - «Анжи» (Мэхъэчкъа­лэ) - 1:1, «Дружба» (Мей­къуа­пэ) - «Черноморец» (Новороссийск) - 0:3, «Ле­гион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) - «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) - 4:0.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-202I гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щыпищэнур дызыхуэкIуэ илъэсым и гъатхэпэ мазэращ.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.