Статьи на кабардинском языке

ПСЭУНЫГЪЭМ ЛIЫГЪЭ ХЭЛЪЩ

Хэти къыгурыIуэ къыщIэкIынщ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ къызэпызыуд Iэмалу экст­ре­миз­мэмрэ терроризмэмрэ зэрыщытыр. IэщIа­гъэлI­хэм зы жьэу жаIэ щIэблэр зэфIэувэн щыщIидзэм, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ щысабийм щегъэжьауэ, зи гугъу ­тщIы Iуэхухэм ахэр щыхъумэным, цIыху гъащIэр абыхэм зэрак­ъутэр къагурыгъэIуэным иужь зэритыпхъэр.

ГУГЪУЕХЬ КЪЫКЪУЭКIАХЭМ Я ХЭКIЫПIЭХЭР КЪАЛЪЫХЪУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэхэмкIэ Правительствэ комиссэм и штабым хэтхэм я зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм я социально-политикэ щытыкIэр зыхуэдэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Урысейм и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр.

ГУГЪЭФIХЭР УЭЗЫГЪЭЩI СПОРТСМЕН ЩIАЛЭЩIЭ

Мы махуэхэм Тэрч щIыналъэ администрацэм гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхэтащ. Абы щагъэлъэпIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионату Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIам зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа Гъуэныбэ Iэуесрэ абы и гъэсакIуэ Белгъэрокъуэ Эдуардрэ.

ГЪАТХЭ

Гъатхэр щыбауэкIэ, уафэм зеукъэбзыж, жыгхэр мэтIэпI, удзхэр мэгъагъэ, псынэпсыр мэуэршэр. Бзухэрщ и уэрэдусри, щIыуэпсым макъамэ къыхах, уафэм щагъафIэри, щIылъэм щызэдожьу. Дыгъэм егуэш насып, бзийхэр зэкIэщIипхъауэ. Гъатхэм гухэлъыр мэуш, пщIыхь дахэхэм хапIыкIауэ. Гъатхэм къыхех мэ гуакIуэ, псэхэр зогуакIуэ гъатхэм. ЩIылъэм щитIагъэ фащэр гухэлъкIэ хедыкIыр уафэм.

УЭШХ ХЬЭЩIЭ

Уэшхым содаIуэ. ЛъапцIэу сыхэтщ. Зыри жимыIэу, куэд къызеIуэкIри, уэ узогъэщхьыр уэшхыр. Уафэм къыщожьэ, щIылъэм лъоIэсри, ткIуэпсхэр мэщащэ. Сыту сфIэмащIэ уэшхыр… СызыхуэпIащIэ ткIуэпсхэр уафэм еубыдыжри, сэри салъэIэсыжкъым. Си гум илъыжкъым гуауэ. Ауэ… уэшхыр къемышхыуи дауэ?! Сэ ар къысфIощI уэрауэ… СощIэ, жыпIэнур сощIэ…УкъысхуэкIуат уэшх хьэщIэу. Уи гур нэщхъейрэ, нэщIу.

ЛIЫГЪЭМ И ДЕРС

КъБР-м и полицейхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм ящIыгъуу «ЛIыгъэм и тхьэмахуэ зэхуаку» акцэм хыхьэ Iуэху щхьэпэхэр республикэм щрагъэкIуэкI.

ЗЫ ЛЪЭПКЪИ ИIЭКЪЫМ АПХУЭДЭ УАРДАГЪЭ

(Адыгэ бзылъхугъэм хужаIахэр)
 Ижь-ижьыж лъандэрэ къэрал зэхуэмыдэхэм ящыщ къэхутакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр ягъэщIагъуэу адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьащ. Ахэр тепсэлъыхьащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэм, и акъыл жаным, ар нэхъри гуакIуэ зыщI зэрихьэ хабзэ гъэщIэгъуэнхэм.

ТЭРЧ КЪАЛЭ ЩIЫХЬ ЗИIЭ И ЦIЫХУ

Театрымрэ киномрэ я актер цIэрыIуэ, РСФСР-м, СССР-м я цIыхубэ артист, Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэм и художественнэ унафэщI, Хэку зауэшхуэм и ветеран Этуш Владимир и гъащIэ псор театрым тыхь хуищIащ. 1945 гъэм Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэр къиуха нэужь, Вахтанговым и цIэкIэ щыIэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. И творческэ гъуэгуанэр къызэрыщIидзар комедиехэм хэткIэрэщ.

ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ ИЛЪЭСЫЩIЭР КЪРАГЪЫХЬЭТ

Гъатхэпэ – гъатхэ «весна» пэ «начало». Мы псалъэ къэхъукIэм адыгэбзэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Щапхъэ: бгыпэ Саур уанэр тIасхъэ ищIри, бгыпэм и шыр щилъэхъащ. Бжьэпэ. Махуэгъэпс бжьэпэм къыкIэлъыплъыжурэ и бий исахэмкIэ фIэхъус къигъанэт. Иужьрей зэманым нэхъыбэу къагъэсэбэпыр «гъатхэпэ» псалъэращ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIам къыщыщIэдзауэ япэ махуэ тIощIрэ пщIым зэреджэр аращ.

ШЫГЪУ IЭМЫЩIЭ

КъэпIуэтэжын бэлыхьи хэлъкъым мыбы, ауэ дышхэу дунейм дытетыхукIэ шыгъур ди гъусэщи, слъагъухукIэ мыр сигу къокIыж.
Арати, зауэр щIидзэри, зеикъуэдэсхэр япэу зыхуэныкъуэхэм шыгъур ящыщ хъуащ. КъуажэкIэм деж Бахъсэн Iуфэ «Гъуамэжь» жари псы шыугъэ тIэкIу къыщыщIэжырти, абы къыхэпхыфыр уи Iыхьэт. Ар къагъавэрт, ягъэжэбзэжырти, хьэнтхъупс, шей сытхэм хакIэрт.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке