ЗЫ ЛЪЭПКЪИ ИIЭКЪЫМ АПХУЭДЭ УАРДАГЪЭ

(Адыгэ бзылъхугъэм хужаIахэр)
 Ижь-ижьыж лъандэрэ къэрал зэхуэмыдэхэм ящыщ къэхутакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр ягъэщIагъуэу адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьащ. Ахэр тепсэлъыхьащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэм, и акъыл жаным, ар нэхъри гуакIуэ зыщI зэрихьэ хабзэ гъэщIэгъуэнхэм.
X лIэщIыгъуэм адыгэ хэкум щыIа хьэрып географ-къэхутакIуэ Абдул-Хьэсан Али аль Массуди мыпхуэдэу итхыгъащ: «Хэгъуэгуу дэ дыздэщыIахэм, къеттхэкIа лъэпкъхэм зыри яхэткъым адыгэхэм хуэдэу зи щIыфэр хужьрэ зи бзылъхугъэхэр дахэрэ. Зы лъэпкъи иIэкъым апхуэдэ уардагъэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж. Адыгэ бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ я хьэл-щэн дахэмкIэ».
Массуди и ужькIэ илъэс 800-м нэс дэкIауэщ нэмыцэ философ-этнограф Гердер Иоганн адыгэхэм щатетхыхьар. Мис абы итхам щыщ пычыгъуэ: «Мыр адыгэ хэкущ, дахагъэм и хэщIапIэщ… адыгэ бзылъхугъэр дуней хъурейм къыщацIыху. Абыхэм я набдзэ шылэ фIыцIэ псыгъуэ къурашэм, хъуаскIэр къызыщIих нэ фIыцIэхэм, натIэ хужь джафэм, нэкIу хъурей Iупэ пIащIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Дуней псом Iэпкъ-лъэпкъ зэкIужу тет цIыхухэр мыбдеж Тхьэм щызэхуишэсам хуэдэщ… Дэ Европэм, ди насыпти, мы лъэпкъ дахащэм  дыпэмыжыжьэу Тхьэм дыкъигъэщIащ».
*    *    *
Насыпыр фызым къыдокIуэ
«Жылэм ягъэпуда лIыр фызыфIым къыдехыжри, фызым игъэпуда лIыр жылэми къахудэхыжыркъым», – жеIэ нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна псалъэжьым. НэгъуэщI псалъэжь купщIафIэхэри щыIэщ: Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнщ. ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ. ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ. Насыпыр фызым къыдокIуэ. Унэр зыгъэунэри, благъэр зыгъэблагъэри фызырщ.
Мыбыхэм наIуэ къащI унагъуэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ нэмысрэ я жьэгу дэлъу псэуфын папщIэ унэгуащэм куэд дыдэ зэрелъытар. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ ямыгъэунэхуауэ жаIакъым «Бзылъхугъэр унагъуэм и шхэпсщ, лъэпкъым и къуэпсщ» псалъэ Iущхэр. АтIэ сыт хуэдэу унэгуащэр зэрыщытыпхъэр?!
ЦIыхубзыр сыт щыгъуи нэхъ тэмакъкIыхьу, шыIэныгъэ хэлъу, хуэгъэкIуатэ ищIэу щытыпхъэщ. Абы къикIыркъым и щхьэр зыгуэркIэ игъэпудыжу. ЦIыхубзым и бзэ IэфIагъымкIэ, и гуапагъэмкIэ езыр зыхуей псор лIым иригъэщIэфу щытын хуейщ. Пэжщ, абы папщIэ Iуэхум акъыл хэлъу бгъэдыхьапхъэщ. ИувыкIыу макъ IэтакIэ цIыхухъум пэувыжыныр бзылъхугъэ щэнкъым, атIэ и щхьэр зэригъэпудыж хьэл мыхъумыщIэщ.
Сыт хуэдэ Iуэху имылэжьми, дэнэкIэ зимыгъазэми, бзылъхугъэ щхьэгъусэм дахагъэр, къабзагъэр, гуакIуагъэр къебэкIыу щытыпхъэщ. Зэи мыубзэщхъужу цIыхубзым бгъэдэлъ Iэщэр и бзылъхугъэ щэнырщ. Фызыр абы кIэлъымыплъыж щыхъукIэ, ар унагъуэ зэтекъутэм и япэ лъэбакъуэщ.
ЗэщхьэгъуситIым я зэхущытыкIэхэр, я тIасхъапIэ-быдапIэхэр цIыхубзым утыку ищI хабзэкъым. ЦIыхухъум апхуэдэу ищIэмэ, ар емыкIу дыдэщ. Зэдэпсэун щыщIадзагъащIэм щегъэжьауэ зэщхьэгъуситIым яку дэлъ пэжыгъэрщ абыхэм пщIэрэ щIыхьрэ зэрызэхуащI гъащIэ гъуэмылэу ягъуэ-тыжынури.
Фызыр тхьэусыхэреймэ, унагъуэр гугъусыгъум хэкIыркъым. ЗэщхьэгъуситIыр зэгурыIуэмэ, Iуэху гуэша унагъуэм щызэдаIэкъым. Адыгэ нысэр и гуащэ-тхьэмадэ, нэхъыжь е хамэ щыту и бын едэхэщIэныр е ехъурджэуэныр къекIуркъым, апхуэдэщ абыхэм я пащхьэ и щхьэгъусэм щепсэлъэнри. Унэгуащэм щхьэгъусэм и дэтхэнэ Iуэхури диIыгъыу, абы и щIэгъэкъуэну, жыпIэнурамэ, гъащIэ гъуэгу баш хуэхъуфу щытыпхъэщ.
ЗэщхьэгъуситIым нэхъ зэгъунэгъу дунейм теткъым, и нэчыхьым хуэпэжыныр къызэрымыкIуэ хабзэфIщ, унагъуэ, лъэпкъгъэдахэщ, я пщIэри лъагэу еIэт.
Фызыр лIым дэтIысу шхэныр хабзэу щытакъым. Ар бзылъхугъэр ягъэикIэу аратэкъым, атIэ фIы псори зыхуагъэфащэ цIыхур и жьэ иущIу, зыгуэрым едзакъэу, жьэгъуашхэу ялъэгъуну хуейтэкъыми аращ.
Щхьэгъусэр къызэрыкIуэжынур зыщIэ бзылъхугъэр абы мыгъуэлъыжу ежьэмэ, гуапагъэщ, нэмысщ, пщIэ зэхуэщIынщ къикIыр.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.