УЭШХ ХЬЭЩIЭ

Уэшхым содаIуэ. ЛъапцIэу сыхэтщ. Зыри жимыIэу, куэд къызеIуэкIри, уэ узогъэщхьыр уэшхыр. Уафэм къыщожьэ, щIылъэм лъоIэсри, ткIуэпсхэр мэщащэ. Сыту сфIэмащIэ уэшхыр… СызыхуэпIащIэ ткIуэпсхэр уафэм еубыдыжри, сэри салъэIэсыжкъым. Си гум илъыжкъым гуауэ. Ауэ… уэшхыр къемышхыуи дауэ?! Сэ ар къысфIощI уэрауэ… СощIэ, жыпIэнур сощIэ…УкъысхуэкIуат уэшх хьэщIэу. Уи гур нэщхъейрэ, нэщIу. УщыIукIыжым, къешхырт…
Си гум илъыжкъым гуауэ. Си гум щызопI макъамэ. Уэшхым схузэхилъхьауэ. Зыми зэхимыхауэ.

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.