ПСЭУНЫГЪЭМ ЛIЫГЪЭ ХЭЛЪЩ

Хэти къыгурыIуэ къыщIэкIынщ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ къызэпызыуд Iэмалу экст­ре­миз­мэмрэ терроризмэмрэ зэрыщытыр. IэщIа­гъэлI­хэм зы жьэу жаIэ щIэблэр зэфIэувэн щыщIидзэм, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ щысабийм щегъэжьауэ, зи гугъу ­тщIы Iуэхухэм ахэр щыхъумэным, цIыху гъащIэр абыхэм зэрак­ъутэр къагурыгъэIуэным иужь зэритыпхъэр.

НыбжьыщIэхэм ящIэн хуейщ террорым нэпс, гуауэ къызэрихьыр. ЯщIэ къудей мыхъуу, зым адрейм пщIэ хуищIу псэуным и мыхьэ- нэр зыхуэдэр зыхащIэу къэгъэтэджыныр псом япэщ.  Зи гугъу тщIым гулъытэ щыхуащI КъБР-м Экстре­миз­­мэм пэщIэтынымрэ щIалэгъуалэ политикэмрэ япы­щIа лэжьыгъэхэр щIыпIэхэм щызэгъэу­IунымкIэ и министерствэм. Абы и зы щапхъэ Iуэхугъуэ иджыблагъэ ще­кIуэкIащ Кыщпэк курыт еджапIэм.
«Зэхуэдэхэм я  зэпсэлъэ­ныгъэ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, щIалэгъуалэм яIущIат ­КъБР-м экстремиз­мэм пэщIэтынымрэ щIа­­лэгъуалэ политикэмрэ япыщIа лэ-жьыгъэхэр щIы­пIэхэм щызэ­гъэу­Iу­нымкIэ и министр Къуэ­шырокъуэ ­Залым. А Iуэхум хэтащ ­Бахъ­сэн рай­о­ным и Iэтащ­хьэм хабзэ­хъумэ IэнатIэ­хэм ядэлэ­жь­э­нымрэ Iулъ­хьэм пэ­щIэ­ты­нымкIэ и ­къуэ­дзэ Тохъу­тэ­мыщ Му­хьэмэд.
ЗэIущIэр лъэныкъуитIым  я дежкIи гупсэхуу екIуэ-кIащ. СыхьэтитIым щIи­гъу­кIэ зэбгъэдэсахэм я гу­къеуэ зэ­хуаIуэтащ. Куэдым щIэуп­щIащ щIалэгъуалэр: дуней псор зыгъэгулэза панде­мием, Хэку ­за­уэш­хуэм, ­Къэ­­бэр­дей-­ Балъ­къэрым и ­илъэси 100-р зэригъэлъэпIэнум, нэ­гъуэщI­хэми. Ауэ псом хуэ­мыдэу ныбжьы­щIэхэр нэхъыбэу зыщIэуп­щIар республикэми нэ­гъуэщI къэралхэми терро­риз­мэмрэ экс­тремизмэмрэ зэ­ры­щыпэщIэт щIыкIэрт.
Къуэшырокъуэр тепсэ­лъы­­хьащ цIыхухэр щIэпхъа­джа­гъэм хуэзышэ гупсы­сэхэр нэхъыщхьэу къызы­хэ­кIым. Абы ныбжьыщIэхэм яжриIащ иджыпсту щIалэгъуалэм я нэхъыбэм уна­гъуэмрэ школымрэ зы­хуаущиир IэщIыб ящIурэ я Iуэху еплъыкIэхэр социаль­нэ сетхэм щатххэм елъыта зэрыхъур.
- ЩIэпхъаджагъэхэм уа-­зэ­ры­­пэщIэтыфыну Iэмалхэм я нэхъыфIыр апхуэдэ-хэр къэмыгъэхъуным уте­­- лэ­жьэнырщ. Абы и лъэны­къуэкIэ псом нэхъыщхьэу зыдэлэжьэн хуейуэ къэслъытэр зи Iуэху еплъыкIэ-хэр зэфIэувэн щIэзыдзэ ныбжьыщIэхэрщ, сыту жыпIэмэ щхьэусыгъуэ зэхуэ­мыдэхэм къыхэкIыу Iуэху­гъуэ зэIумыбзхэм хохуэ щIалэгъуалэр, - къыхигъэщащ Къуэшырокъуэм.
Абы щIалэгъуалэм яж­риIащ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зрагъэгъуэтыным нэхъыфI я щхьэм зэрыхуа­мыщIэфынур икIи дэтхэнэми ехъуэхъуащ я мурадыфIхэр къехъулIэну.
Гу зэрылъыттащи, мып­хуэдэ зэхуэзэхэр щIэх-щIэ­хыурэ щIалэгъуалэм ядебгъэкIуэкIыныр щхьэпэщ. Апхуэдэ зэIущIэхэм цIыху пажэхэр, IэщIагъэлIхэр, зы­дэплъеину нэхъыжьыфIхэр ирагъэблагъэмэ, шэч хэмы­лъу, фIы къыдэкIуэнущ.

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг